Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Дэ, Тхьэм и цӀыхухэм, ди щхьэхэр ищэхужыху, ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр ди сакъылэтщ, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:14
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэращ мы Ӏуэхум щхьэкӀэ дыкъэзыгъэщӀар, и Псэ ЛъапӀэри сакъылэтым хуэдэу ди гум къизылъхьар.


Езыр арщ и бынхэм дазэрыщыщыр дэзыгъащӀэ мыхъуру икӀи фӀыгъуэ къызэрыдитынум и сакъылэту и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьар.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гур хэвмыгъэщӀ. Тхьэм фи щхьэхэр щищэхужыну махуэм нэсыху, езым и Псэ ЛъапӀэр, мыхъурым хуэдэу, фи гум кърилъхьащ.


Тхьэм фызэрибыным щхьэкӀэ абы и Къуэм и Псэ ЛъапӀэу «Аббэ, ди Адэ!» жызыӀэу фи гум кърилъхьащ.


Ауэ гугъуехь зышэчыр Тхьэм къигъэщӀахэм я закъуэкъым. Тхьэм и тыгъэхэм ящыщу япэрейуэ езым и Псэ ЛъапӀэр дэ, ар зи гум кърилъхьа цӀыхухэри, дигукӀэ дощэӀу, Тхьэм и быну дидэу, дипкъхэр щхьэхуит щищӀыжыну махуэм ди фӀэщу дыпэплъэу.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, Мэссихь щыгугъыу япэ пэплъэхэм, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэщ.


– Тхьэми абы и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа псалъэхэми фахузогъазэ иджы. А псалъэхэм гурэ псэкӀэ къару фагъэгъуэтынуи Тхьэм и цӀыхуу езым зыкъезыта псоми фрагъусэу ӀыхьэфӀ къыфлъагъэӀэсынуи ялъокӀ.


ЩӀыхь пхудощӀ Уэ, ди Тхьэ, щыпкъагъэкӀэ дыпщотхъу. Уи инагъри уи Ӏуэху щӀагъуэхэри доӀуатэ.


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.


А Ӏуэхухэм къэхъуу щыщӀадзэкӀэ, фытэджи, фи щхьэр къэфӀэт, Тхьэм гугъуехьыр щыфщхьэщихыжыну махуэр къэблэгъащи.


Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм дэри ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсащ. Тхьэм иуха мурадым тету а ӀыхьэфӀыр къытлъысыну куэд щӀауэ игъэуващ. Езыращ и мурадымрэ зыхуеймрэ тету Ӏуэху псори зыгъэзащӀэр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ