Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Фэ, Ефес къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, абы хуэпэжхэм, мы тхылъыр ныфхузотх.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:1
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

фэ, Колоссэ къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь зи псэм щыщу, абы хуэпэж къуэшхэм, мы тхылъыр ныфхузотх.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу фэ, Тхьэм и члисэ зэхуэсэу Коринф къалэм щыӀэм щыщхэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ахаие хэку псоми щыпсэухэмрэ, мы тхылъыр ныфхузотх.


Сэ сыапостол Паулщ. Апостол сыхъуну сыкъыхэзыхар цӀыхухэракъым, цӀыху гуэрми сыкъигъэкӀуакъым, сыкъыхэзыхар Хьисэ Мэссихьрэ ар лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэщ.


Сэ сы-Паулщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ. Мэссихь и апостол сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну сигъэуващ.


Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Фэ си хъыбархэри злэжь Ӏуэхухэри фщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ тлъагъу къуэш Тихик псори гурыӀуэгъуэ къыфщищӀынущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу пэжщ.


Абы щхьэкӀэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу, узыщыгугъ хъун Тимофейуэ си щӀалэ лъапӀэм хуэдэр ныфхузогъакӀуэ. Члисэ зэхуэс псоми зэрезгъащӀэм тету, Мэссихь и гъуэгу сытету сызэрызекӀуэр Тимофей фи гум къигъэкӀыжынущ.


– Ӏуэху мащӀэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхум Ӏуэху куэдкӀи ущыгугъ хъунущ, Ӏуэху мащӀэкӀэ узыщыгугъ мыхъун цӀыхум Ӏуэху куэдкӀи ущыгугъ хъунукъым.


Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.


Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.


Аращи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ Ибрэхьим Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуам хуэдэу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми абы и нэфӀ къащыхуэнущ.


Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.


Ари и унэм исхэри думэхъащ дэ. Арати, а цӀыхубзыр къыдэлъэӀуащ: – ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм сащыщу флъытэмэ, си унэм фынеблагъэ. Ар ди фӀэщ ищӀри, дригъэблэгъащ.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.


Ди ӀэкӀэ дылажьэурэ, гугъу зыдогъэхь дэ. ЦӀыхухэр къыщытхуэшхыдэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ» яжыдоӀэж. ЦӀыхухэм гугъу дыщрагъэхькӀэ, зыхудогъэщэч.


– Зиусхьэн, – жиӀащ Ананий, – мы лӀым уэ уи цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ярищӀа хьэкӀэкхъуэкӀагъэр зыхуэдизыр куэдым къызжаӀащ.


Ефес къалэм къыщысым, Паул Прискиллэрэ Акилэрэ къигъанэщ, синэгуэгум щӀыхьэри, журтхэм щеныкъуэкъуащ.


Ауэ ежьэжыну я Ӏэхэр щиубыдыжым, жиӀащ: – КъэкӀуэну махуэшхуэм Ерусалим сыщыӀэн хуейщ, ауэ Тхьэм жиӀэмэ, фи деж къэзгъэзэжынущ. Ефес къалэм кхъухькӀэ щежьэжащ итӀанэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм папщӀэ, фэ псори Тхьэм фрибынщ.


Журтрэ алыджу, пщылӀрэ щхьэхуиту, цӀыхухъурэ цӀыхубзу цӀыхур зэхэгъэж щӀын хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыхэлъым папщӀэ псори зы фыхъуащ.


Аращи, Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фӀылъагъуныгъэу фиӀэмрэ я хъыбар щызэхэсхам къыщыщӀэдзауэ,


Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ абы дригъусэу Тхьэм дыкъигъэтэджыжащ, абы дригъусэуи уафэм хэщӀапӀэ къыщыдитащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.


Ауэ иджы, Мэссихь фи псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фэ, зэгуэрым Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэр, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ Тхьэм гъунэгъу фыхуэхъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ