Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:5
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Апхуэдэу щыхъукӀэ, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм я пащхьэм хабзэм тету фыщыпсэунущ, щыщӀагъэ гуэри фиӀэнукъым.


Фэ фщыщу хэт акъыл куурэ гулъытэфӀрэ зиӀэр? Абы и дуней тетыкӀэ дэгъуэмкӀэ, акъылыфӀагъэм къыхэкӀ гущабагъэр иӀэу, и фӀыщӀагъэхэр кърегъэлъагъуэ.


ХъыбарыфӀым фызэредаӀуэм и гугъу цӀыху псоми зэхахащ. Сэ сыфщогуфӀыкӀ, ауэ фӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀынуи, бзаджагъэ лъэпкъ фи щхьэм къимыхьэнуи сыхуейщ.


Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.


– Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт.


ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къытемыпсэлъыхьын икӀи шейтӀаным и хъым имыхуэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсым щымыщхэри фӀыуэ щыхьэт зыхуэхъу цӀыхуу щытын хуейщ ар.


Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.


– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ адрей цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ Ӏуэхугъуэ псори ялъоӀэс.


Ауэ фэ фщыщ гуэрым и акъылыфӀагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэӀу, абы акъылыфӀагъэ къритынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цӀыху псоми фӀы яхуещӀэ.


Фэ, фызхэм, нывжызоӀэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ. Ар фщӀэмэ, абыхэм ящыщхэр Тхьэм и псалъэхэм емыдаӀуэми, фэ, фызхэм, зыри жывмыӀэми, фи псэукӀэр зэралъагъум щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ,


Я ӀэхэмкӀэ уаӀэтынущ, мывэм уи лъакъуэмкӀэ ужьэхэмыуэн щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ