4 А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрахуэсӀуэтэн хуейм тету, нахуэу яхуэсӀуэтэну Тхьэм фысхуелъэӀу.
Ӏэпхлъэпх сащӀауэ, мы хъыбарыфӀым срилӀыкӀуэщ. ХъыбарыфӀыр гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн хуейм хуэдэу къыжысӀэну, Тхьэм фысхуелъэӀу.
Псалъэ мышыухэр хэмыту, фи псалъэхэр ирегуапэ. Хэти жэуап зэрефтын хуейр зэвгъащӀэ.
Аращи, апхуэдэ гугъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ гушхуэныгъэ тхэлъу допсалъэ.
– ЦӀыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэӀуэн хуейщ, – жэуап къатыжащ Петррэ адрей апостолхэмрэ.
Иджы, Зиусхьэн, «ФыкъыдэмыдаӀуэу щытмэ, фэдгъэпшыныжынущ», жаӀэурэ абыхэм зэрыжаӀэм еплъ, уэ уи псалъэхэр цӀыхухэм дытегушхуауэ хуэтӀуэтэну дэ, уи ӀурыщӀэхэм, къару къыдэт.
Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.