Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:3
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Паулрэ Варнавэрэ Антиохием щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэр зэхуашэсри, Тхьэм абыхэм яригъэлэжьа Ӏуэху псори, хамэ лъэпкъ щыщхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, Тхьэм бжэр къазэрыхузэӀуихари жраӀащ.


А хъыбарыфӀыр блэкӀа лъэхъэнэхэмрэ щӀэблэхэмрэ къащыщӀэдзауэ Тхьэм цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щыта щэхущ. Тхьэм а щэхур и цӀыху лъапӀэхэм яхуигъэнэхуащ иджы.


Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну Троадэ къалэм сыщыкӀуэм, Зиусхьэным зы бжэ къысхузэӀуихауэ щытми,


гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым.


Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.


Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ куэбжэшхуэ икӀи куэбжэ бгъуфӀэ Тхьэм къысхузэӀуихащ, къыспэувхэри куэдщ.


Аращи, Мэссихь хуэлажьэу, Тхьэм и щэхухэр зи пщэм къыдилъхьа цӀыхуу далъытэн хуейщ.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


НэгъуэщӀ гуэркӀи сынолъэӀу: ХьэщӀэщ къысхуэгъэхьэзыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм фызэрысхуелъэӀуам папщӀэ Тхьэм сынывитыжыну сыщогугъ.


Тхьэм фызэрелъэӀум щхьэкӀи, Хьисэ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр дэӀэпыкъуэгъу къызэрысхуэхъум щхьэкӀи мы гугъуехьым сыкъызэрыхэкӀыжынур сощӀэри.


Онесифор и унагъуэм гущӀэгъу къыхурещӀ Зиусхьэным, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы си гур куэдрэ игъэзэгъащ, Ӏэпхлъэпх сыщащӀами и щӀыб кэысхуигъэзэжакъым.


Абы щхьэкӀэ сэ, Паул, Мэссихь Хьисэ сыхуэлажьэурэ, фэ хамэ лъэпкъхэм хъыбарыфӀыр зэрывэзгъащӀэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ.


Тхьэм и мурад щэхур къысхуигъэнахуэри сигъэщӀащ, кӀэщӀу нызэрыфхуэстхам хуэдэу.


Мы тхылъым фыщеджэкӀэ, Мэссихь теухуа щэхур зэрэзэхэсщӀыкӀым гу лъыфтэнущ.


Тхьэм и мурад щэхур цӀыху псоми наӀуэ яхуэсщӀынуи арщ. БлэкӀа лъэхъэнэхэм къыщыщӀэдзауэ, а мурад щэхур Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀам цӀыхухэм яригъэщӀауэ щытакъым.


Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм егъащӀэ, игъуэу щыщытми щыщымытми ахэр ебгъэщӀэным хэт. ЯгурыгъаӀуэ, егъэдэӀуэ, ущий, шыӀэныгъэ псомкӀи щыпкъагъэр егъащӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ