ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр11 ИусткӀэ зэджэ Исус фӀэхъус къывехыж. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкӀэ къыздэлажьэ цӀыхухэм яхэт журтхэр аркъудейщ. Абыхэм ину сагъэгушхуащ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Тимофей фи деж нэдгъэкӀуащ. Ар ди къуэшщ, Тхьэм хуолажьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэтӀуэтэн ӀуэхумкӀэ къыддоӀэпыкъу. Ар фи деж ныщӀэдгъэкӀуар мы гузэвэгъуэхэм фэ фщыщ зыри гъуэгу захуэм трамыгъэкӀын щхьэкӀэ фигухэр игъэбыдэн икӀи фи фӀэщхъуныгъэм фытетыну фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм даӀууэн хуейуэ зэрыщытыр фэ фощӀэ.