Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Лъэхъуэщым къыздыщӀэс Аристарх фӀэхъус къывехыж. Варнавэ и унэкъуэщ Марки фӀэхъус къывехыж. Марк теухуауэ унафэ фхуэсщӀащ: Фи деж накӀуэмэ, екӀуу евгъэблагъэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:10
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэ къыздэлажьэ Марк, Аристарх, Димас, Лука сыми фӀэхъус къыуахыж.


Марк къыздэши, къакӀуэ, абы и дэӀэпыкъуэныгъэ си ӀуэхумкӀэ сыхуейщи.


Къалэм зэрыхьзэриишхуэ къыщыхъуащ. Македонием щыщу Паул и гъусэ Гаийрэ Аристархрэ яубыдщ, здахури, цӀыху псори щызэхэт зэхуэсыпӀэм и утыкум ирашащ.


Адрамит къалэм щыщу Асие хэкум и хы Ӏуфэм Ӏут къалэхэм кӀуэн хуей кхъухьым дитӀысхьэри, абдежым дыщежьащ. Македоние хэкум ит Фессалоникэ къалэм щыщу Аристарх зи цӀэр ди гъусэт.


Паул и гъусэхэр мыхэрат: Верие къалэм щыщ Пирр и къуэ Сосипатер; Фессалоникэ къалэм щыщ Аристархрэ Секундрэ; Дервие къалэм щыщ Гай; Тимофей; Асие хэкум щыщ Тихикрэ Трофимрэ.


Петр къехъулӀар къыщыгурыӀуэжым, МарккӀэ зэджэ Иуан и анэ Мэрием деж кӀуащ ар. Абы деж цӀыху куэд щызэхуэсауэ Тхьэм елъэӀурт.


Тхьэм фыкъызэрыхихам хуэдэу, Бабилэн щыӀэ члисэ зэхуэсу Тхьэм къыхихам фӀэхъус къывехыж. Си къуэ Марки фӀэхъус къывехыж.


Си унэкъуэщу Андроникрэ Юнийрэ, лъэхъуэщым къыздыщӀэсу щытахэм, фӀэхъус схуефхыж. Ахэр апостол цӀэрыӀуэхэм ящыщщ. Си япэ абыхэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Зиусхьэныр абы и псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрырагъэблэгъэн хуейм хуэдэу евгъэблагъи, зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэдым, сэри сахэту, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ ар.


Паулрэ и гъусэхэмрэ Паф къалэм кхъухькӀэ щежьэри, Памфилие хэкум щыщ Пергие къалэм кӀуащ. Иуан ахэр абы къыщинэри, Ерусалим игъэзэжащ.


Кипр хытӀыгум щыпсэу Левий унагъуэ лъэпкъым щыщ лӀы гуэр щыӀащ. А лӀым и цӀэр Иосийт. Апостолхэр абы ВарнавэкӀэ еджэрт (Варнавэм къикӀыр «ЦӀыхухэр Зыгъэгушхуэ» жиӀэу аращ.)


Саламин къалэм нэсри, журтхэм я синэгуэгухэм* цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щрагъэдэӀуащ. Иуан абыхэм дэӀэпыкъуэгъуу я гъусэт.


Варнавэрэ Щаулрэ я Ӏуэхур щаухым, Ерусалим къыдэкӀыжщ, МарккӀэ зэджэ Иуан здашэри, Антиохие къалэм ягъэзэжащ.


Мэссихь Хьисэ зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадзауэ къыздыщӀэс Епафрас фӀэхъус къуехыж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ