1 Тепщэхэ, фэри Зиусхьэн уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэуэ, фи унэӀутхэм фазэрыхущытын хуейм тету икӀи захуэу фахущыт.
Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.
ЛэжьапщӀэ зэвмыту фи хьэсэхэр зезыхьа фи лӀыщӀэхэм фагъэкъуаншэурэ къыфкӀэлъоджэ. Гъавэр къэзыхыжхэм я гуо макъыр ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори ЗиӀэ Зиусхьэным и тхьэкӀумэхэм нэсащ.
Пащтыхьхэм я Пащтыхь, зиусхьэнхэм я Зиусхьэн жыхуаӀэ цӀэр абы и джанэ кӀыхьми и куэми тетт.
АрщхьэкӀэ а пщыр пащтыхьу ягъэуващ. Пщым къыщигъэзэжым, ахъшэхэр зрита унэӀутхэр къриджащ. Абыхэм ящыщу дэтхэнэми щэн-къэщэхун ӀуэхукӀэ къилэжьар зригъэщӀэну хуейт ар.
ЩрихьэлӀэм, мыпхуэдэу яжриӀащ: «Фэри си жызум хадэм фыкӀуи, къэвлэжьыр фэстынущ». Ахэри кӀуащ жызум хадэм.