Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 ФызэрымыгъэпцӀэж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэр, абы и Ӏуэхухэри щӀыгъуу, зыхэвныжри,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:9
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, пцӀы упсыныр зыхэвни, хэти езым и гъунэгъум щыпкъагъэр щытрырет, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псори зыпкъ закъуэм дыщыщщ.


Фи псэукӀэжьым щыщу фи щэныжь бзаджэр зыхэвнын зэрыхуейр фагъэщӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэу фыкъэзыгъапцӀэхэмкӀэ фигъэунэхъуну хэтащ.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


Ди щэныжьыр бзаджэр Мэссихь щӀыгъуу жорым зэрыраӀулӀар дощӀэ, ди гум илъ гуэныхьым и лъэкӀыныгъэр кӀуэдын щхьэкӀэ. Гуэныхь лэжьыным дрипщылӀыжынукъым дэ афӀэкӀа.


Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.


Къабзэныгъэ зимыӀэр а къалэм дыхьэнукъым. ЕмыкӀу зыщӀи пцӀыупси дыхьэнукъым абы. Зи цӀэр Щынэм и тхылъым иту, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа, а къалэм зыри дыхьэнукъым.


зинэ зыщӀэхэр, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэр, цӀыху зыщэхэр, пцӀы зыупсхэр, щыхьэт нэпцӀхэр икӀи, хэту щытми, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхуу узыщыгугъ хъунухэм темытыр. ЩӀыхьышхуэ зиӀэ а хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъэщӀэну зи щӀыхьыр ин Тхьэм си пщэм къыдилъхьащ.


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


Ауэ иджы мыпхуэдэ Ӏуэху псори зыхэвныжын хуейщ: Губжьыныр, къызэщӀэплъэныр, бзаджагъэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, емыкӀу псэлъэкӀэр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ