4 Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.
– ЛӀахэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэращ; сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр лӀэми, псэунущ;
ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи.
Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.
Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.
Езым и лъэкӀыныгъэшхуэ зэрылажьэмкӀэ, Ӏуэху псори и тепщэныгъэм зэрыщӀигъэувэмкӀэ дипкъ тхьэмыщкӀэхэр зэрихъуэкӀынурэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ езым и пкъым хуэдэ ищӀынущ.
– Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.
ИтӀанэ япэрей мэлыхъуэ Мэссихьыр къыщылъагъуэкӀэ, текӀуэныгъэм и таж щӀыхьышхуэ зиӀэу мыкӀуэдыжынур къывитынущ.
Аращи, фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Мэссихь мы дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсу, езыр къыщылъагъуэкӀэ, абы и пащхьэм гушхуэныгъэ щыдиӀэурэ, дыщымыукӀытэжын щхьэкӀэ, ар фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.
Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
– ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт жыгым къыпыкӀэм щыщ яшхыну икӀи къалэм куэбжэмкӀэ дыхьэну хуит хъун щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэр гъуэгу махуэ теуващ.
Зэрамыпэсу щӀым щӀалъхьэ, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэтэджыжынущ. Къару имыӀэжу щӀалъхьэ, ауэ къару иӀэу къэтэджыжынущ.
ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу,
И гъуэгум фытекӀыным Тхьэм фыщихъумэн лъэкӀынущ, лажьи фимыӀэу, гуфӀэгъуэшхуи фиӀэу, езы щӀыхьышхуэ ЗиӀэм и пащхьэм фригъэувэн лъэкӀынущ.
Къуэ лъапӀэр зи псэм хэлъ цӀыхум апхуэдэ гъащӀэр иӀэщ. Къуэ лъапӀэр зи псэм хэмылъым а гъащӀэр иӀэкъым.
Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.
Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр дыгъэ нэбзийхэм хуэдэу Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэм къыщынэхунущ абы щыгъуэ. ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Иджы Зиусхьэным щыпкъагъэм и тажыр схуигъэхьэзыращ. А тажыр щыпкъагъэм тету хьэкум зыщӀэ Зиусхьэным къемэтмахуэм къысхуигъэфэщэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, ар дунейм къызэрыкӀуэжынум щыгуфӀыкӀа псори сэ сщӀыгъущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.
Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.
СыкӀуэу, псэупӀэ къыщыфхуэзгъэхьэзыркӀэ, сыкъэкӀуэжынурэ, сэ сыздэщыӀэм фэри фыщыӀэну фыздэсшэнущ.
КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.
Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ дгъуэтыну Тхьэм дыкъызэригъэгугъам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ.
ИтӀанэ дэ, псэууэ къэнахэр, абыхэм дащӀыгъуу Тхьэм уафэм дыдрихьеинущ, пшэхэм дахэту, хьэуам хэту Зиусхьэным дыщыӀущӀэн щхьэкӀэ. Зиусхьэным сыт щыгъуи дригъусэнущ итӀанэ.
Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм фыщыпэплъэкӀэ, Тхьэм и бынхэм ярит тыгъэхэм ящыщу фимыӀэ зыри щыӀэкъым.
Мы Ӏуэхухэр щӀэттхар Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун папщӀэщ, Хьисэ и цӀэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ а фӀэщхъуныгъэмкӀэ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. Тхьэм и жэнэтым ит жыгыу цӀыхухэм гъащӀэ къезытым къыпыкӀэм щыщ ишхыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр.
Зыри уи мылажьэу, зыми узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, ди унафэр гъэзащӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху.
ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщылъэгъуэжыну махуэм дежи Ӏуэхухэр апхуэдабзэу щытынущ.
Мы зэманым тшэч гугъуехьхэр щӀыхьышхуэу Тхьэм иджыри къэс цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ диӀэ ищӀынум хуэбгъадэ зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым.
Тхьэм къигъэщӀа псори гузавэу поплъэ абы. Зыпэплъэр Тхьэм езым и бынхэм а щӀыхьышхуэр яӀэ зэригъэхъур езым къигъэщӀа псоми къащригъэлъагъуну махуэр арщ.