3 Фэ фылӀащ, фи гъащӀэ пэжри мыкӀуэду, Тхьэр здэщыӀэ уафэм Мэссихь къыщыфхуегъэнэж.
Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.
Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къытхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ цӀыху лӀахэм дахуэдэщ. Абы щыгъуэ гуэныхь тщӀэ зэпыту дыпсэуфыну?
Мэссихь и гъусэу лӀам фыхуэдэщ, фэ цӀыхухэм мы дунейм теухуауэ яӀэ гурыӀуэныгъэхэм тепщэныгъэ къыфхуаӀэжкъым. АтӀэ Ӏуэхур абы тетмэ, мы дунейм и цӀыхухэм фазэрыщыщым хуэдэу фыпсэуурэ, мыпхуэдэ унафэхэм сыт фыщӀедаӀуэр:
– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ Тхьэм дрибийуэ дыщыта пэтми, и Къуэм и лӀэныгъэмкӀэ Тхьэм езым дызригъэкӀужащ. Иджы дызэрызригъэкӀужам папщӀэ, абы нэхъри нэхъыбэжу и Къуэм и гъащӀэмкӀэ дымыкӀуэду дыкъригъэлынущ Тхьэм.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэм дызэщӀиубыдащ. Зы цӀыху закъуэр цӀыху псоми я пӀэкӀэ зэрылӀам дыщогугъ, аращи псори дылӀауэ добж.
Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.
ТӀэкӀу дэкӀмэ, дунейм и цӀыхухэм салъагъужынукъым, ауэ фэ сыфлъагъунущ, сэ сопсэу, фэри фыпсэунущи.
атӀэ цӀыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу, гущабагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэ къыхэкӀ дахагъэ мыкӀуэдыжырауэ ирехъу дахэ фызыщӀыр. Тхьэм дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.
И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.
Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.
Тхьэм пэгъунэгъу хъуну Хьисэ зылъигъэкӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын сыт щыгъуи хузэфӀокӀ абы щхьэкӀэ. Хьисэ а цӀыхухэм Тхьэм яхуелъэӀуну игъащӀэкӀэ псэунущи.
Уасэшхуэ зиӀэ акъылыфӀагъэ псори щӀэныгъэшхуэ псори Мэссихь хэлъщ.
Апхуэдэу щыт пэтми, а гъащӀэр фиӀэ хъун щхьэкӀэ, си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым.
– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ГъэпщкӀуауэ щыт мэнн шхыныгъуэм щыщ естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. ЦӀэщӀэ зытетха мывэ хужьри естынущ. А мывэр зэст цӀыхум фӀэкӀа а цӀэр зыми ищӀэркъым.
ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи.
Тхьэм къыбгъэдэкӀ гузэгъэгъуэу цӀыхухэм къагурыӀуэфынум нэхърэ куэдкӀэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, къихъумэнущ итӀанэ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъ цӀыхум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ Ӏуэхухэр идэркъым. Ахэр абы фӀэделагъэщ, зэхищӀыкӀыни лъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэ закъуэрщ цӀыхухэм ахэр зэхезыгъэщӀыкӀыфынур.
Аращи, цӀыхухэр гуэныхь лэжьыным и ӀэмыщӀэ илъти, лӀэныгъэр Ӏыхьэу абыхэм къалъигъэсащ Тхьэм. Апхуэдабзу Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и ӀэмыщӀэ цӀыхухэр зэрилъым щхьэкӀэ, абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ Тхьэм. Аращи, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным кыпкъырыкӀыу мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъунущ абыхэм.
Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ щӀывиӀэр Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр къызэрывитынум фыщыгугъыурэ фызэрыпэплъэр арщ. Фи деж нэса хъыбарыфӀым и псалъэ пэжхэмкӀэ Тхьэм къыфхуигъэхьэзыра фӀыгъуэм и хъыбарыр зэхэфхащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэм тету допсэу, ди нэкӀэ тлъагъум тету дыпсэуркъым.
Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фэри гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ фылӀауэ икӀи Тхьэм фыхуэпсэууэ зыфлъытэж.
Тхьэм и мурад щэхур цӀыху псоми наӀуэ яхуэсщӀынуи арщ. БлэкӀа лъэхъэнэхэм къыщыщӀэдзауэ, а мурад щэхур Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀам цӀыхухэм яригъэщӀауэ щытакъым.
Абы къыхэкӀкӀэ, мы дунейм щыдгъэщӀэну къытхуэнэжа пӀалъэм цӀыхухэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэху нэпцӀхэм дыдахьэхауэ дымыпсэууэ, Тхьэр зыхуейм дытету дывгъэпсэу.