Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 Тхьэм бзаджагъэ зыщӀэм и бзаджагъэм хуэфащэр иригъэпшыныжынущ; Зиусхьэныр цӀыхухэм я фэм емыплъу, абы цӀыху псори и зэхуэдэщи.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:25
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Петр мыпхуэдэу жиӀэу щӀидзащ итӀанэ: – Тхьэр цӀыхум и фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыӀуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр цӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу щытщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псоми Мэссихь хьэкум къыттрищӀыхьын щхьэкӀэ абы и тахътэм и пащхьэ диувэн хуейщ, мы дунейм хэти щилэжьам хуэфащэр, фӀыми Ӏейми, игъуэтыжын папщӀэ.


Мы ӀуэхумкӀэ зыми и къуэшым мыхъумыщӀэ иримыщӀэну е къимыгъэпцӀэну хуейщ Тхьэр. ЗэрывжетӀам икӀи зэрывгурыдгъэӀуам тету, апхуэдэ бзаджагъэ зыщӀэ цӀыху псоми яхуэфащэр Зиусхьэным яригъэпшыныжынущ.


ЦӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори зи зэхуэдэ Тхьэм, хэти илэжьам теухуауэ хьэкум щыпкъагъэкӀэ тезыщӀыхьым, фыщелъэӀукӀэ, «Уэ Адэ лъапӀэ», жывоӀэ. Аращи, мы дуней хьэхум щывгъакӀуэ зэманыр Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу вгъэкӀуэн хуейщ.


Фэ, тепщэхэ, фэри фи унэӀутхэм апхуэдэу фадэгъуэгурыкӀуэ, пхъашагъэкӀэ фадэмыгъуэгурыкӀуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэныкъуитӀми а зы Зиусхьэныр уафэм зэрыщывиӀэр фощӀэ. Ар цӀыхухэм я фэм еплъыркъым, атӀэ цӀыху псори абыкӀэ зэхуэдэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мелыӀычхэм къаӀуэта псалъэхэм уащыгугъ хъуну къыщӀэкӀащ икӀи, хэту щытми, а псалъэхэм текӀам, е емыдэӀуам хуэфащэр Тхьэм иригъэпшыныжащ.


Тепщэхэ, фэри Зиусхьэн уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэуэ, фи унэӀутхэм фазэрыхущытын хуейм тету икӀи захуэу фахущыт.


Ахэр Хьисэ еупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, уэ щыпкъагъэр зэрыжыпӀэми цӀыхухэм щыпкъагъэр зэребгъащӀэми дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэу щытщ, щыпкъагъэм тетуи Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ.


Ахэр зыкӀи мыарэзыуэ, тхьэусыхэ зэпытщ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм кърашэкӀыу мэпсэухэр. Я жьэм псалъэ дыгъэлхэм нэмыщӀ, къажьэдэкӀыркъым. ЦӀыхухэм я фӀагъ зрагъэкӀын щхьэкӀэ, абыхэм ящотхъу.


ЗыгуэркӀэ и ягъэ къокӀауэ щытмэ, е уи щӀыхуэ телъмэ, сэ си деж щылъагъу.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


сыт хуэдэ цӀыхуми, ар унэӀутми щхьэхуитми, фӀыгъуэ илэжьмэ, и ӀыхьэфӀыр Зиусхьэным абы къызэрылъигъэсынур фэ фощӀэ.


Фэ гузэвэгъуэ фыхэзыдзэ цӀыхухэр гузэвэгъуэм хидзэжыну Тхьэм захуагъэу елъытэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ