Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и цӀыхухэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр фэри влэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ къызэрыфлъысынур фощӀэри. Зиусхьэн Мэссихьщ фызыхуэлажьэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:24
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

сыт хуэдэ цӀыхуми, ар унэӀутми щхьэхуитми, фӀыгъуэ илэжьмэ, и ӀыхьэфӀыр Зиусхьэным абы къызэрылъигъэсынур фэ фощӀэ.


ЯхуэпщӀар абыхэм къызэрыпхуамыщӀэжыфынум щхьэкӀэ, гъуэгу махуэ утеуващ. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхухэр къыщытэджыжкӀэ, яхуэпщӀар Тхьэм къыпхуищӀэжынущ.


Иджы цӀыхухэм сыкъызэрадэным сыхэт, е Тхьэм сыкъызэридэныр ара сызыхэтыр? Е цӀыхухэм я гум сызэрырихьыныра сызыхэтыр? ЦӀыхухэм я гум сызэрырихьыным иджыри къэс сыхэтатэмэ, Мэссихь сыхуэлажьэу сыщытынтэкъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным къыщриджэм пщылӀу щытар щхьэхуит хъуащ, Зиусхьэныр абы и псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Апхуэдабзэуи Зиусхьэным къыщриджэм щхьэхуиту щытар Мэссихь хуэлажьэхэм ящыщ хъуащ.


– Тхьэми абы и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа псалъэхэми фахузогъазэ иджы. А псалъэхэм гурэ псэкӀэ къару фагъэгъуэтынуи Тхьэм и цӀыхуу езым зыкъезыта псоми фрагъусэу ӀыхьэфӀ къыфлъагъэӀэсынуи ялъокӀ.


ЦӀыхум фӀэщхъуныгъэ имыӀэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым; Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуей дэтхэнэми Тхьэр зэрыщыӀэмкӀи Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ӀыхьэфӀыр зэралъигъэсымкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэн хуейщи.


Аращи, гушхуэныгъэу фиӀэр зыхэвмыныж, гушхуэныгъэ зиӀэхэм я ӀыхьэфӀыр инынущи.


Абыхэм федаӀуэ жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъ къудейракъым фащедэӀуэнур, атӀэ Мэссихь фызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, фигурэ фи псэкӀэ сыт щыгъуи федаӀуэурэ, Тхьэр зыхуейр влэжь.


ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?


Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.


Сэ сы-Иудэщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, Екъуб срикъуэшщ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэм и бынхэм ящыщ хъуну хуриджауэ, зигу игъэкъабзэу, Хьисэ Мэссихь къихъумэхэм мы тхылъыр ныфхузотх.


Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.


Егъэлеяуэ зывгъэцӀыкӀун хуейуэ, мелыӀычхэри вгъэлъэпӀэн хуейуэ нывжезыӀэм зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ цӀыхум, Тхьэм абы къригъэлъэгъуауэ жыхуиӀэ Ӏуэхухэм зэпымыууэ тепсэлъыхьурэ, мы дунейм тет цӀыхухэм я гупсысэкӀэ зэриӀэм щхьэкӀэ пщӀэншэу зыкъыфӀощӀыж.


Жылэхэр хэзысэри псыр щӀэзыгъэлъадэри зэхуэдэщ. Хэти и Ӏуэхум пэкӀуэ и Ӏыхьэр игъуэтынущ.


Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.


– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.


– Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, бзитӀщхьитӀхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀ. ЦӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, Тхьэм елъэӀуурэ, синэгуэгухэми уэрамыщхьэхэми зыщаӀэжьэну яфӀэфӀщ абыхэм. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.


А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Зиусхьэныр Ибрам къыхуэлъагъуэри и псалъэ къылъигъэсащ: – Умышынэ, Ибрам; Сэ уэ СыуимэӀухущ; уи ӀыхьэфӀыр ин хъунущ.


Ахэр игу илъмэ, Мэссихь хуэлажьэ цӀыхур Тхьэм и гум ирохь, цӀыхухэми я гуапэщ ар.


Сэ сы-Паулщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ. Мэссихь и апостол сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну сигъэуващ.


Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.


Хэтми, бегъымбарыр зэрыбегъымбарым щхьэкӀэ езыгъэблагъэм бегъымбарым и ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ. Хэтми, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхур, абы и щыпкъагъэм щхьэкӀэ езыгъэблагъэм щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум и ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ.


Абы къыхэкӀкӀи, Мэссихьщ Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэщӀэ дэлъ зыщӀыр. Апхуэдэу щӀищӀыр и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджа цӀыхухэм мыкӀуэдыжыну щыт ӀыхьэфӀу Тхьэм ахэр къызэригъэгугъар къалъысын щхьэкӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэрей зэгурыӀуэныгъэм и тепщэныгъэм щӀэту гуэныхь зыщӀа цӀыхухэм я щхьэр и лӀэныгъэмкӀэ Мэссихь къищэхужащ.


Мы къыфхуэзгъэнэхуа Ӏуэхухэр езы Зиусхьэным къысхуигъэнэхуащ. Зиусхьэныр тепщэныгъэ зиӀэхэм щаӀэщӀыхьа жэщым щӀакхъуэр къищтэщ,


Тхьэм и бынхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀри диӀэ хъунущ. А мыкӀуэдыжын ӀыхьэфӀу, щыщӀагъэ зыбгъэдэмылъу, зэрыщыту къанэр Тхьэм уафэм къыщыфхуехъумэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ