Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 Сыт фщӀэми, цӀыхухэм зэрахуэфщӀэм хуэдэ иремыхъу, ауэ Зиусхьэным зэрыхуэфщӀэм хуэдэу, фигурэ фи псэкӀэ фщӀэ,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:23
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.


Дыпсэуми, Зиусхьэным дыхуопсэу, дылӀэми, Зиусхьэным дыхуолӀэ. Аращи, дыпсэуми дылӀэми, Зиусхьэным дрейщ.


Тхьэр зыхуейр мыращ: фӀыгъуэ длэжькӀэрэ, зыри зымыщӀэ цӀыху гулъытэншэхэм я жьэр едгъэубыдынырщ.


Зиусхьэным и гъуэгум фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ тепщэныгъэ зиӀэ цӀыху псоми фахуэӀурыщӀэ: псоми я тепщэ пащтыхьыр арами, абыи фыхуэӀурыщӀэ,


Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,


Махуэ гуэр зыгъэлъапӀэм Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну а махуэр егъэлъапӀэ. ЗымыгъэлъапӀэми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну апхуэдэу ещӀ. Сыт ищӀысри зышхми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну ешх, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ишхым щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. Мышхэр Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀын щхьэкӀэщ щӀэмышхэр, абыи Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ.


– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.


Фэ, фызхэ, Зиусхьэным фызэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, филӀхэми фахуэӀурыщӀэ.


ЩӀыхь хуэщӀ, сигу, Зиусхьэным! Зиусхьэну си Тхьэ, Уэ гъэщӀэгъуэн дыдэу уинщ! Лъытэныгъэшхуэри щӀыхьри уи фащэщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ