Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 УнэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм унафэ псомкӀи федаӀуэ. Абыхэм федаӀуэ, жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъым и мызакъуэу, атӀэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум зэрилъым щхьэкӀэ сыт щыгъуи фигурэ фи псэкӀэ фахуэлажьэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:22
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Иджы цӀыхухэм сыкъызэрадэным сыхэт, е Тхьэм сыкъызэридэныр ара сызыхэтыр? Е цӀыхухэм я гум сызэрырихьыныра сызыхэтыр? ЦӀыхухэм я гум сызэрырихьыным иджыри къэс сыхэтатэмэ, Мэссихь сыхуэлажьэу сыщытынтэкъым.


Ауэ Тхьэм а Ӏуэхур дгъэзэщӀэну къытхуигъэфащэу, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм едгъэщӀэну ди пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ а хъыбарыфӀыр доӀуэтэж. ЦӀыхухэм ягу зредгъэхьыну дыхэткъым, Тхьэуэ ди гум и щыпкъагъэр зыгъэунэхум игу зредгъэхьыну арщ дызыхэтыр.


Бынхэ, фи адэ-анэхэм сыт и лъэныкъэукӀи федаӀуэ, Зиусхьэным ар игъуэу елъытэри.


– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жыфӀэурэ, сыт къыщӀызжефӀэр, сэ жысӀэр щывмыгъэзащӀэкӀэ?


унэӀутым хуэдэу мыхъужу, атӀэ унэӀутым нэхърэ нэхъыфӀыжу, фӀыуэ плъагъу къуэшым хуэдэу, игъащӀэкӀэ бгъуэтыжыну арагъэнкӀэ хъунщ. СэркӀэ куэду лъапӀэщ, уэркӀи нэхъ лъапӀэжщ, цӀыху хуэдэу икӀи Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшым хуэдэу ар зэрыщытыр.


ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкӀэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфӀей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкӀи, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, дигу нэхь къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт.


Махуэ къэс зэакъылэгъуу, Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт. Я унэхэми щӀакхъуэр щызэгуащӀыкӀырт, зэщыгуфӀыкӀрэ ягу зэхуэкъабзэу зэдэшхэрт.


Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» жесӀэмэ, си унэӀутми ищӀэнущ.


Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» си унэӀутми жесӀэмэ, ищӀэнущ.


– Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ.


Зиусхьэныр армыратэмэ къытщӀыгъур, цӀыхухэм зыкъыщытпаӀэтым,


ЯжриӀащ Исуф абыхэм ещанэ махуэм: – Мыращ фщӀэнур, псэууэ фыкъэнэну фыхуеймэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыщошынэ Тхьэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ