Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:16
62 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

УэрэдхэмкӀи, тхьэщӀыхь уэрэдхэмкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэмкӀи фызэдежьу. Фигу псомкӀи Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀурэ, абы уэрэд хужыфӀэ.


Фэ фи псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъууэ, си псалъэхэри сыт щыгъуи фи псэм щыщ хъумэ, си Адэм фызыхуеймкӀэ фелъэӀу, фызэрелъэӀури къыфхуищӀынущ.


Аращи, хъыбарыфӀыр щызэхахкӀэ цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ мэхъу, Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым щахуиӀуатэкӀи а хъыбарыфӀыр зэхах.


Аращи, япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфхар фи гум сыт щыгъуи ивгъэлъ. Япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфхар фи гум сыт щыгъуи илъмэ, Къуэ лъапӀэри Адэ лъапӀэри фи псэм сыт щыгъуи хэлъынущ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Тхьэуэ щӀыхьышхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэм сызэрелъэӀур, фэ ар нэхъыфӀу фщӀэн щхьэкӀэ, езым и Псэ ЛъапӀэр фигу кърилъхьэныр арщ. Езым и Псэ ЛъапӀэр арщ акъылыфӀагъэ диӀэ зыщӀри Тхьэр зыхуэдэр къытхуэзыгъэнахуэри.


Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.


Щыпкъагъэр ди гум зэрилъым, игъащӀэкӀи зэрилъынум къыхэкӀкӀэ фэ фӀыуэ фыдолъагъу.


Абы нэмыщӀ, уи сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэм хэтыр зэбгъэщӀащ. Мэссихь ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ умыкӀуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэӀуэн ялъокӀ.


Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.


УэрэдыщӀэ къыжаӀащ: «Тхылъыр пщтэну, и мыхъурхэри тепчыну уэ пхуэфащэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм уфӀагъэжащ, уилъкӀэ унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми, лъэпкъ псоми ящыщ цӀыхухэм я щхьэхэр Тхьэм папщӀэ къэпщэхужащ.


Мэссихь езым и Псэ ЛъапӀэр фэ къыфхуригъэхащ, и Псэри сыт щыгъуи фи гум илъынущ икӀи зыгуэрым зыгуэр фигъэщӀэну фыхуэныкъуэкъым, Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэхугъуэ псоми ятеухуахэр фегъащӀэри. Абы щыпкъагъэ иӀэщ икӀи пцӀы хэлъкъым. Мэссихь зэрывигъэщӀам хуэдэу, езыр фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.


Псалъэ мышыухэр хэмыту, фи псалъэхэр ирегуапэ. Хэти жэуап зэрефтын хуейр зэвгъащӀэ.


Аращи, фымыгупсысэу фымыпсэу, Зиусхьэныр зыхуейр зыгурывгъаӀуэ.


МафӀэ хъуаскӀэхэр къахегъэлъэт Зиусхьэным и макъым.


Фэ фщыщ гуэрым гугъуехь ишэчмэ, Тхьэм ирелъэӀу. Зыгуэр гуфӀэмэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр къыжреӀэ.


ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь Тхьэм и унафэкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр уэру къытхуригъэхащ.


Сыт итӀанэ, си къуэшхэ? ФыщызэхуэскӀэ, зым тхьэщӀыхь уэрэд жреӀэ, адрейм Ӏуэху гуэр фрегъащӀэ, нэгъуэщӀми Тхьэм къыхуигъэнэхуа Ӏуэху гуэр къреӀуатэ, зыр имыщӀэ бзэкӀэ ирепсалъэ, адрейм ар зэрыредзэкӀ. Мы Ӏуэху псоми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ фагъэгъуэтыну ирехъу.


Ауэ фэ фщыщ гуэрым и акъылыфӀагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэӀу, абы акъылыфӀагъэ къритынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цӀыху псоми фӀы яхуещӀэ.


Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыр доӀуатэ. Дэтхэнэ зы цӀыхум МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и пащхьэм цӀыху нэгъэсауэ идгъэувэн щхьэкӀэ, акъылыфӀагъэ псомкӀи гурыдогъаӀуэ икӀи идогъащӀэ.


Хыпсхэр иугъуеящ Абы зэтезэрыгуэу, хы кууупӀэхэр угъуеипӀэхэм Абы иригъэхъуащ.


Тхьэм хуэлажьэ Мусэмрэ Щынэмрэ я уэрэдыр жаӀэрт: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, уэ блэжь Ӏуэхухэр Ӏуэхушхуэщ икӀи Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэщ. Уи гъуэгухэр гъуэгу захуэщ икӀи гъуэгу пэжщ, уэ цӀыху лъапӀэхэм урапащтыхьщ.


Фэ, адэхэ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр* зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, щӀалэхэ, лъэкӀыныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Тхьэм и псалъэхэр фи гум илъщ фэ икӀи шейтӀаным фытекӀуащ.


Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ.


Фи бийм хуэдэ фемыплъ, атӀэ фи къуэшым хуэдэ гурывгъаӀуэ абы.


Абы щыгъуэ сыт сщӀэнур? Си псэкӀи си акъылкӀи Тхьэм селъэӀунущ. Си псэкӀи си акъылкӀи тхьэщӀыхь уэрэдхэр жысӀэнущ.


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ итӀанэ.


Зиусхьэн! Уэ сыбгъэунэхуащ, сыкъыбощӀэ.


Си къуэшхэ, фи гум фӀыгъуэшхуэ зэрилъымкӀи, щӀэныгъэшхуэ зэрывиӀэмкӀи, зым адрейм Ӏуэхухэр иригъэщӀэн зэрыфлъэкӀымкӀи дзыхь фхузощӀ.


И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори.


Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.


ТӀысыпӀэ лъапӀэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм я пащхьэм уэрэдыщӀэ къыщыжаӀэрт. ЦӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀым фӀэкӀа а уэрэдыр зыми зригъэщӀэн лъэкӀакъым. Мы дунейм и цӀыхухэм ящыщу ахэрщ Щынэм зи щхьэ къищэхужар.


Мэссихь и псэр щӀитар псымкӀи и псалъэхэмкӀи члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкъэбзэжу, гукъабзагъэ абыхэм яӀэ хъун щхьэкӀэщ.


Зиусхьэным теухуа хъыбарыфӀыр фи деж икӀыурэ здынэсар Македоние, Ахаие хэкухэм я закъуэкъым, атӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам и хъыбарыр цӀыхухэм дэнэкӀи щащӀэ хъуащ. Аращи, а Ӏуэхум теухуауэ абы нэхърэ нэхъыбэ цӀыхухэм щӀажетӀэн щыӀэкъым,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ