6 Мэссихь Хьисэ Зиусхьэну фщтащи, ар фи псэм щыщурэ фыпсэу.
Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.
«Тхьэр си псэм щыщщ» жызыӀэр Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу псэун хуейщ.
ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.
Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэм тету допсэу, ди нэкӀэ тлъагъум тету дыпсэуркъым.
Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.
ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ.
Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.
Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.
Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.
Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ къэзгъакӀуэр къезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.
– Фэ фезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу икӀи сэ сезыгъэблагъэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.
Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм папщӀэ, фэ псори Тхьэм фрибынщ.