Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Сэ сипкъкӀэ фи деж сыщымыӀэми, сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэщ. ГъэпсыкӀэфӀу фиӀэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэм и быдагъэри щыслъагъукӀэ согуфӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:5
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Дигурэ ди псэкӀэ фи деж дыщыӀэми, дипкъкӀэ зыкъомрэ дыкъыщывбгъэдэкӀыжым, ди къуэшхэ, дыфщӀэхъуэпсу, фызэдгъэлъагъуным куэду дыхэтащ.


ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу фытету, шейтӀаным фыпэув, сыту жыпӀэмэ дунейм тет фи къуэш псоми апхуэдэ гугъуехьхэр зэрашэчыр фэ фощӀэ.


Фымыжейуэ фысакъ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкӀ, лӀыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.


Ӏуэху псори екӀурэ зэтеухуауэ щытын хуейщ.


Мэссихь дызэрыщыгугъыр быдэу икӀи дзыхь хуэтщӀу хъурзэм хуэдэу ди гум илъщ. Тхьэм и унэшхуэм и кӀуэцӀым щыфӀэлъ Ӏупхъуэм дыблэкӀыурэ, я нэхъ пэш лъапӀэм дыщӀыхьэн тлъэкӀынущ абы щхьэкӀэ.


Зиусхьэным и гъуэгум быдэу фызэрытетым щхьэкӀэ пэжыгъэкӀэ допсэу иджы.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


Ди адэжьхэм бзаджагъэу ящӀахэр дэ къытхуумылъагъу; уи гущӀэгъу псынщӀэу къытлъэгъэӀэс, ди гур кӀуэдащ.


Фэр щхьэкӀи, Лаодикие къалэм дэсу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щхьэкӀи, си напэр зымылъэгъуа псом щхьэкӀи хуабжьу сызэрылажьэр фэзгъэщӀэну сыхуейщ.


Зыгуэр мэжалӀэ хъумэ, и унэм щрешхэ, фыщызэхуэсам деж къуаншэ фымыхъун папщӀэ. СынакӀуэмэ, адрей Ӏуэхухэм я унафэр сщӀынущ.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэр апостолхэм я деж емызэшу щеджэ зэпытт, зэшхэм хуэдэу зэхэтт, щӀакхъуэ зэдэзэгуащӀыкӀырт, икӀи Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт.


Гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу Тхьэм зыхуагъэзэжынуи Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зрагъэӀэнуи журтхэмрэ алыджхэмрэ быдэу яхуэзгъэуващ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ