21 «Мы шхыныр къыумыщтэ!» «Мыр умышх!» «Мыбы уемыӀусэ!»?
Къэшэныгъэ-дэкӀуэныгъэмрэ шхыныгъуэ гуэрхэр пшхынымрэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхуу щытхэу а пцӀыупсхэм цӀыхухэм жраӀэ. Ауэ Тхьэм а шхыныгъуэхэр къигъэщӀащ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу, щыпкъагъэр зыщӀэхэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀурэ, ахэр яшхын щхьэкӀэ,
ауэ жэнэтым и кум ит жыгым и пхъэщхьэмыщхьэр фымышх икӀи фемыӀусэ абыхэм, фымылӀэн папщӀэ, жиӀащ Тхьэм.
Аращи, къыжеӀэ Зиусхьэным, абыхэм фахэкӀи, лъэныкъуэкӀэ фыув. Мыкъабзэм фемыӀусэ, сэ фэ фыздэнущ абы щыгъуэ.
Мэссихь и гъусэу лӀам фыхуэдэщ, фэ цӀыхухэм мы дунейм теухуауэ яӀэ гурыӀуэныгъэхэм тепщэныгъэ къыфхуаӀэжкъым. АтӀэ Ӏуэхур абы тетмэ, мы дунейм и цӀыхухэм фазэрыщыщым хуэдэу фыпсэуурэ, мыпхуэдэ унафэхэм сыт фыщӀедаӀуэр:
Апхуэдэ унафэхэр зытеухуар цӀыхухэм къазэрыӀэщӀыхьэу кӀуэдыж шхынырщ. ЦӀыхухэм къагупсысауэ, а унафэхэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ирагъащӀэ.