Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 Мэссихь и гъусэу лӀам фыхуэдэщ, фэ цӀыхухэм мы дунейм теухуауэ яӀэ гурыӀуэныгъэхэм тепщэныгъэ къыфхуаӀэжкъым. АтӀэ Ӏуэхур абы тетмэ, мы дунейм и цӀыхухэм фазэрыщыщым хуэдэу фыпсэуурэ, мыпхуэдэ унафэхэм сыт фыщӀедаӀуэр:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:20
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцӀымкӀэ, цӀыхухэр щызыгъауэмкӀэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкӀыр Мэссихькъым, атӀэ ди адэжьхэм къащӀэна хабзэмрэ мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яхэлъ гурыӀуэныгъэу нэпцӀымрэщ.


Аращи, фшхымрэ фызэфэмрэ теухуауэ, махуэшхуэ махуэр, мазэщӀэ махуэшхуэр, зыщыдгъэпсэху махуэр ягъэлъэпӀэнымкӀэ хьэкум къыфтрищӀыхьыну зыри хуит фымыщӀ.


Апхуэдэу, Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ дэри цӀыкӀуу дыщыщытам, мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яӀэ къызэрыгуэкӀ еплъыкӀхэм драпщылӀащ.


Унафэхэри дэщӀыгъуу, ди щӀыхуэхэр зэрыт тхылъым и лъэкӀыныгъэр Тхьэм игъэкӀуэдащ. А тхылъыр къытпэуващ, ауэ Тхьэм ар Мэссихь и жорым ириӀулӀри, лъэныкъуэ иригъэзащ.


Дэ Тхьэм дызэрибыныр дощӀэ, дуней псори шейтӀаным и ӀэмыщӀэ зэрилъри дощӀэ.


Ӏуэху гъэщӀэгъуэн зэхуэмыдэу цӀыхухэм адрейхэр зрагъаджэхэм зыдевмыгъэхьэх. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фигухэр вгъэбыдэмэ, фӀыщ, ауэ шхыныгъуэхэм теухуа унафэхэм пщӀэ яӀэкъым. А унафэхэм ятету ирикӀуэ цӀыхухэм абыхэм я фӀагъ ирагъэкӀакъым.


Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ.


Сэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и жорым фӀэкӀа нэгъуэщӀым сыщытхъуну сыхуейкъым. Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, мы дунейм и Ӏуэхухэм пщӀэ зыри ямыӀэжу, сэ си дежкӀэ ахэр жорым ираӀулӀам хуэдэщ, сэри мы дунейм и Ӏуэхухэм я дежкӀэ цӀыхухэм жорым ираӀулӀам сыхуэдэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм дытет пэтми, мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъыр ди гум илъу дызауэркъым.


Фэ дунейм фыщыщу щытатэмэ, мы дунейм и цӀыхухэм езыхэм яхуэдэу фӀыуэ фыкъалъагъунт. Иджы зэрыщытымкӀэ, мы дунейм фыщыщкъым, ауэ мы дунейм фи Ӏыхьэр хэмылъыну сэ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъыхэсхащ. Аращ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу щӀэмыхъур.


Унафэхэмрэ хабзэхэмрэ зэрыт Торэт хабзэр лъэныкъуэ иригъэзащ абы. Мэссихь апхуэдэу щӀищӀар, цӀыхухэр зэригъэкӀужкӀэрэ, а лъэпкъитӀыр зы лъэпкъыщӀэ игъэхъун папщӀэщ.


Фэ фылӀащ, фи гъащӀэ пэжри мыкӀуэду, Тхьэр здэщыӀэ уафэм Мэссихь къыщыфхуегъэнэж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ