Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Егъэлеяуэ зывгъэцӀыкӀун хуейуэ, мелыӀычхэри вгъэлъэпӀэн хуейуэ нывжезыӀэм зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ цӀыхум, Тхьэм абы къригъэлъэгъуауэ жыхуиӀэ Ӏуэхухэм зэпымыууэ тепсэлъыхьурэ, мы дунейм тет цӀыхухэм я гупсысэкӀэ зэриӀэм щхьэкӀэ пщӀэншэу зыкъыфӀощӀыж.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:18
42 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцӀымкӀэ, цӀыхухэр щызыгъауэмкӀэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкӀыр Мэссихькъым, атӀэ ди адэжьхэм къащӀэна хабзэмрэ мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яхэлъ гурыӀуэныгъэу нэпцӀымрэщ.


Торэт егъэджакӀуэ пашэу залъытэ пэтми, жаӀэри гушхуауэ зытепсэлъыхь Ӏуэхухэри къагурыӀуэжыркъым.


Гугъуехь яшэчурэ, Тхьэр ягъэлъэпӀэну, егъэлеяуэ загъэцӀыкӀуну, япкъхэми гугъуехь ирагъэшэчыну а унафэхэм цӀыхухэр зэрыхагъэзыхьым щхьэкӀэ, губзыгъагъэу къыпщыхъуми, пщӀэ яӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм я гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм япэувынымкӀэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун ялъэкӀыркъым.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ӀупщӀу къыжеӀэ дунейм и иужьрей лъэхъэнэхэм цӀыху куэд фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум зэрытекӀыжыпэнур. ЦӀыхухэр дезыгъэхьэх жинхэми, жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэми едэӀуэнущ.


Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.


Тхьэм и щыпкъагъэм и пӀэ пцӀыр ирагъэуващ. ЩыӀэ псори къэзыгъэщӀа Тхьэр ямыгъэлъапӀэу икӀи абы хуэмылажьэу, Тхьэм къигъэщӀахэр ягъэлъэпӀащ икӀи абыхэм яхуэлэжьащ. Езы Тхьэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр ейщ. Ӏэмин.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


ЩӀэх сынэкӀуэжынущ. Фи тажыр зыми къыфӀимыхын щхьэкӀэ, фи фӀэщхъуныгъэм фытемыкӀ.


Тхьэм и гъуэгум фытезыгъэкӀыну и ужь итхэм ятеухуауэ мы Ӏуэхугъуэхэр ныфхузотх.


Зэдэжэным хыхьэм хуэдэу, саугъэтыр къэсхьын щхьэкӀэ, и кӀэм нэс сызэрыкӀуэным сыхущӀокъу. Саугъэт жыхуэсӀэр уафэм сыщыпсэунырщ, икӀи ар къэсхьын щхьэкӀэ Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджащ.


Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи.


Тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: Дэ псоми щӀэныгъэ зэрыдиӀэр дощӀэ. ЩӀэныгъэм цӀыхухэм закъыфӀегъэщӀыж, фӀылъагъуныгъэм цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт.


– Сыт ар уэ щӀэпщӀар? – жриӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхубзым. – Блэм сыдригъэхьэхри, сшхащ, – жиӀащ цӀыхубзым.


Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.


Япэрей хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщигъэлъэгъуэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит зэрыхъуамкӀэ щӀылъэм тет цӀыхухэр дищэхащ. ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм щӀылъэм тет цӀыхухэм яжриӀащ япэрей хьэщхьэвылъэу, джатэ уӀэгъэ телъ пэтми, псэууэ щытыр ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сурэт хуащӀыну.


Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


Зинэ щӀэным я нэ къыхуокӀ, гуэныхь щӀэнымкӀэ загъэнщӀын ялъэкӀыркъым. Тхьэм и гъуэгум быдэу темытхэр дашэх. Ягухэр нэпсеягъэм етащ. Абыхэм Тхьэм и ней къащыхуащ.


Ар щӀыжысӀэр гъэпцӀагъэ зыхэлъ псалъэхэмкӀэ зыми фыдимыхьэхын щхьэкӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, сызэрыхуейуэ фэ фыщымыту фыкъэзгъуэту, фэри фызэрыхуейуэ сэ сыщымыту сыкъэвгъуэтынкӀэ сошынэ. Зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, зэгурымыӀуэныр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, бзэгу зехьэныр, зыкъыфӀэщӀыжыныр къыфхэхъыжьэу, Ӏуэхухэр зэхэвынэ хъункӀэ сошынэ.


ФӀылъагъуныгъэм шыӀэрэ гущӀэгъурэ иӀэщ. ФӀылъагъуныгъэр фыгъуэркъым, зыщытхъужыркъым икӀи зыкъыфӀэщӀыжыркъым.


Псори къызэдэжэурэ зэпоуэ, ауэ абыхэм ящыщу зы закъуэщ текӀуэныгъэм и саугъэтыр къэзыхьыр, ар фщӀэркъэ? Ар къэфхьын щхьэкӀэ, фызэдэжэ.


Фи деж сынэмыкӀуэн я гугъэу, фэ фщыщ цӀыху гуэрхэм закъыфӀощӀыж.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэщ иджыри. Фыгъуэнымрэ зэщыхьэнымрэ фяку щыдэлъкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэкъэ? Адрей цӀыхухэр зэрыщыт хабзэм хуэдэу, фэри фыщыткъэ?


Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.


Си къуэшхэ, фэркӀэ фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, вжесӀар Аполлосрэ си щхьэмрэ сытепсэлъыхьурэ вжесӀащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм фатемыкӀыну фэдгъэщӀэн щхьэкӀэ. Зы цӀыхум нэмыплъ иритурэ, нэгъуэщӀ цӀыхум ирипагэ зыри къыфхэтынукъым абы щыгъуэ.


Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ