Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:9
35 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.


Ауэ фэ фщыщ гуэрым и акъылыфӀагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэӀу, абы акъылыфӀагъэ къритынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цӀыху псоми фӀы яхуещӀэ.


Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.


Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.


Тхьэр зыхуейр мыращ: фӀыгъуэ длэжькӀэрэ, зыри зымыщӀэ цӀыху гулъытэншэхэм я жьэр едгъэубыдынырщ.


Аращ фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ дыщӀелъэӀур. Тхьэм фыкъызэрыхуриджам тету, и быну фыщытыну къыфхуигъэфэщэну долъэӀу. Фи гухэлъыфӀ псори, фи фӀэщхъуныгъэм къыхэкӀ ӀуэхуфӀ псори и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ и кӀэм зэрынигъэсыным Тхьэм долъэӀу.


Уэ, пащтыхьхэм текӀуэныгъэр езытым, уи ӀурыщӀэ Даут къезыгъэлам;


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.


Теубыдагъэ фиӀэн хуейщ, Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн икӀи фызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр вгъуэтын щхьэкӀэ.


Сыт щыгъуи, фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, си гуапэу солъэӀу,


Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, уи гугъу зэпымыууэ сощӀ икӀи си Тхьэм щӀыхь хузощӀ.


Абыхэм федаӀуэ жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъ къудейракъым фащедэӀуэнур, атӀэ Мэссихь фызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, фигурэ фи псэкӀэ сыт щыгъуи федаӀуэурэ, Тхьэр зыхуейр влэжь.


Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.


Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.


Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэу цӀыхухэр зыщӀэхъуэпсхэри мэкӀуэдыж, ауэ Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэ цӀыхур игъащӀэкӀэ щыӀэнущ.


Абы къыхэкӀкӀэ, мы дунейм щыдгъэщӀэну къытхуэнэжа пӀалъэм цӀыхухэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэху нэпцӀхэм дыдахьэхауэ дымыпсэууэ, Тхьэр зыхуейм дытету дывгъэпсэу.


Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.


Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.


Аращи, фымыгупсысэу фымыпсэу, Зиусхьэныр зыхуейр зыгурывгъаӀуэ.


АкъылыфӀагъэ псоми гурыӀуэныгъэ псоми щӀыгъуу, Тхьэм а нэфӀ щыхуэныгъэшхуэр къытлъигъэсащ.


– Тхьэр зыхуейр зылэжьыну хуейм зэхищӀыкӀынущ цӀыхухэм сэ езгъащӀэ псалъэхэр Тхьэм къыбгъэдэкӀми сэ къызбгъэдэкӀми.


Мэссихь фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сыт и лъэныкъуэкӀи Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуащ. Сыт и лъэныкъуэкӀи зэхэфщӀыкӀынуи фыпсэлъэнуи лъэкӀыныгъэ къывитащ,


Апхуэдэу Петр лъэхъуэщым щӀагъэсащ, члисэ зэхуэсым щыщхэр еш ямыщӀэу Тхьэм хуелъэӀуащ абы апщӀондэху.


Дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ гъусэ укъытхуэхъуащ. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм фӀыуэ къытхуищӀэ псори уэрэ дэрэ зэхудиӀэ благъагъэм нэхъыфӀу къыдгуригъэӀуэну солъэӀу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ