8 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фи фӀылъагъуныгъэм и хъыбари къытхуиӀуэтащ.
Си къуэшхэ, мыбыкӀэ сыныволъэӀу: ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ фӀылъагъуныгъэм щхьэкӀи, гъусэ фыкъысхуэхъуи, Тхьэм фи фӀэщу фысхуелъэӀу.
Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьам ди гум шынагъуэ кърилъхьэркъым, атӀэ лъэкӀыныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, зышыӀэныгъэр ди гум илъ ещӀ.
Мэссихь ХьисэкӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэтхащи.
Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,
Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.
Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сыт бгъэпщкӀуми къыщӀэщыжынущ, сыт щӀэпхъумэми, нахуэ хъужынущ.