Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 ФӀыуэ тлъагъу, къыддэлажьэ Епафрас хъыбарыфӀыр фигъэщӀащ. Абы и фӀагъ къывигъэкӀыурэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ хуолажьэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:7
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.


Мэссихь Хьисэ зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадзауэ къыздыщӀэс Епафрас фӀэхъус къуехыж.


Аращи, Тхьэм хуэлажьэ дин пашэшхуэ, гущӀэгъу зиӀэ, Тхьэм хуэпэж хъун щхьэкӀэ, и къуэшхэм сыт ищӀысымкӀи яхуэдэ хъун хуеящ, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын щхьэкӀэ.


ФӀыуэ тлъагъу ди къуэш Тихик си хъыбар псори фигъэщӀэнущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхумкӀэ пэжыгъэкӀэ дэ къыддоӀэпыкъу икӀи къыддолажьэ.


Тхьэм и унагъуэм щыщ цӀыху псоми Мусэ бегъымбарым щыпкъагъэ зэрахуиӀам хуэдэу, Хьисэи езыр зыгъэува Тхьэм щыпкъагъэ хуиӀащ.


Щыхьэт Ӏэджэм я пащхьэм сэ щыжысӀэу зэхэпха Ӏуэхухэр узыщыгугъ хъун цӀыхуу нэгъуэщӀхэм ахэр езыгъэщӀэн зылъэкӀынухэм, я пщэм дэлъхьэ.


Абы нэмыщӀу, Епафродит ныфхуэзгъэкӀуэжын хуейуэ солъытэ. Ар дэ ди къуэшщ, абырэ сэрэ дызэдэлэжьащ, хъыбарыфӀми дызэгъусэу дыхущӀэкъуащ. ДэӀэпыкъуэгъу сыхуэныкъуэ щыхъум, къыскӀэлъыплъын щхьэкӀэ ар лӀыкӀуэ къысхуэфщӀащ.


Ахэр Мэссихь хуэлажьэрэ? Абыхэм нэхърэ нэхъыбэу сыхуолажьэ – акъыл зимыӀэм хуэдэу сопсалъэ. Абыхэм нэхърэ нэхъыбэрэ сылэжьащ, нэхъыбэри лъэхъуэщым сисащ, цӀыхухэр нэхъыбэри щӀопщкӀэ къызэуащ, ажалым и гъунэгъу нэхъыбэри сыхъуащ.


Ӏуэху гуэр зи пщэм дэплъхьэр узыщыгугъ хъуну цӀыхуу щытын хуейщ.


Мы Ӏуэхухэр ди къуэшхэм ягурыбгъаӀуэмэ, фӀэщхъуныгъэм и псалъэхэмкӀи ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, узытет ӀуэхуфӀхэмкӀи лъэкӀыныгъэ зэбгъэгъуэтурэ, Хьисэ Мэссихь фӀыуэ хуэлажьэхэм уащыщщ итӀанэ.


Хъыджэбзхэм ятеухуауэ Зиусхьэным ищӀа унафэ сиӀэкъым. Ауэ Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхуу сызэрыщытым къыхэкӀкӀэ мы Ӏуэхугъуэм сызэреплъыр нывжызоӀэ.


Абы щхьэкӀэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу, узыщыгугъ хъун Тимофейуэ си щӀалэ лъапӀэм хуэдэр ныфхузогъакӀуэ. Члисэ зэхуэс псоми зэрезгъащӀэм тету, Мэссихь и гъуэгу сытету сызэрызекӀуэр Тимофей фи гум къигъэкӀыжынущ.


– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ! Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».


– Хэт атӀэ, зэхэщӀыкӀ иӀэрэ, зыщыгугъ хъун унэӀуту тепщэм езым и унэӀутхэм унафэщӀ яхуищӀар, шхын ичэзум къаритын щхьэкӀэ?


Адрей унэӀутым абы и пащхьэм зыщридзыхри, лъаӀуэу щӀидзащ: «Сыхыумыгъэзыхь, тӀэкӀу къыспэплъэ, уэстыжынущ».


Абы и гъусэу узыщыгугъ хъуну икӀи фӀыуэ тлъагъу ди къуэш Онисим нызогъакӀуэ. Ар фи цӀыхухэм ящыщщ. А тӀум мыбы щекӀуэкӀ Ӏуэху псори фагъэщӀэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ