4 Мэссихь ХьисэкӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэтхащи.
Аращи, Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фӀылъагъуныгъэу фиӀэмрэ я хъыбар щызэхэсхам къыщыщӀэдзауэ,
Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.
Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.
Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.
Апхуэдэу Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэр дощӀэ икӀи а фӀылъагъуныгъэм дыщогугъ. Тхьэр фӀылъагъуныгъэщ. ФӀылъагъуныгъэр зи гум илъ цӀыхур Тхьэм и псэм щыщщ, Тхьэри а цӀыхум и псэм хэлъщ.
Зиусхьэн ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми яхууиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэсхащ.
Ди къуэшхэр фӀыуэ зэрытлъагъум щхьэкӀэ лӀэныгъэм дыӀэщӀэкӀыу гъащӀэм дызэрыхыхьар дощӀэ. Зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.
Мыращ и унафэр: и Къуэу Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэнырщ икӀи Мэссихь унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, фӀыуэ дызэрылъагъунырщ.
Тимофейр фи деж къикӀыжри, ди деж къэкӀуэжащ иджы, абы фи фӀэщхъуныгъэмрэ фи фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбар дахэхэр къытхуихьащ. Фи гум дэ фӀыкӀэ зэпымыууэ дыкъызэрыкӀыжри, дэ фытлъагъуну дызэрыхуейм хуэдэу, дэ дыкъэфлъагъуну фэри фызэрыхуейри абы къытхуиӀуэтэжащ.
Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.
ИкӀи ар къызэрыкӀуам и закъуэкъым дигу къыщӀигъэзэгъар – Тит игу къызэрывгъэзэгъам и хъыбарми и фӀыгъэщ ар. Сыфлъагъуну куэду зэрыффӀэфӀари, фызэрыгъари, фыкъызэрысхуэгузэвари къытхуиӀуэтэжащ абы. Япэм нэхърэ нэхъ гуфӀэгъуэшхуэж сиӀэ хъуащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм папщӀэ, фэ псори Тхьэм фрибынщ.
Журтрэ алыджу, пщылӀрэ щхьэхуиту, цӀыхухъурэ цӀыхубзу цӀыхур зэхэгъэж щӀын хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыхэлъым папщӀэ псори зы фыхъуащ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.