Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм дыфхуелъэӀуху къэс, Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм фӀыщӀэ худощӀ,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:3
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ фӀыщӀэ худощӀ, Тхьэм дыщелъэӀукӀи, фи гугъу дощӀ.


Си адэжьхэм хуэдэу, сигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызыхуэлажьэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. Тхьэм селъэӀуу, жэщи махуи зэпымыууэ уи гугъу сщӀыуэ, Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.


Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.


Мэссихь фи псэм щыщу Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуам щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ фӀыщӀэ хузощӀ.


КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.


Аращи, Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фӀылъагъуныгъэу фиӀэмрэ я хъыбар щызэхэсхам къыщыщӀэдзауэ,


Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм зыгурэ зы псэкӀэ фи жьэм къыжьэдэкӀыурэ щӀыхьышхуэ хуэфщӀынущ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ. ГущӀэгъуныгъэшхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкӀ Тхьэр арщ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ