Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 Зэхэфха хъыбарыфӀым ӀыхьэфӀ фыщигъэгугъащ. А ӀыхьэфӀыр зыми зыхевмыгъэгъэнын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀыу пэжу фрикӀуэн хуейщ. Тхьэм хуэлажьэхэм а хъыбарыфӀыр уафэм и щӀагъым щыпсэу цӀыху псоми хуаӀуэтащ. Сэ, Паул, а хъыбарыфӀым сыхуолажьэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:23
72 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.


Мэссихь Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэ илъ Къуэщ. Дигу дымыгъэныкъуэу, дызэрыгуфӀэу икӀи дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхум и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэри абы и унагъуэм дыщыщщ.


ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, си дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ. Ауэ а цӀыхур къикӀуэтыжмэ, сигу ирихьынукъым».


ФӀы щӀэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демыщу. ФӀы щӀэным демыщэу дыхущӀэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фӀыгъуэ дгъуэтынущ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.


Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ, я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ».


Мэссихь дызэрыщыгугъыр быдэу икӀи дзыхь хуэтщӀу хъурзэм хуэдэу ди гум илъщ. Тхьэм и унэшхуэм и кӀуэцӀым щыфӀэлъ Ӏупхъуэм дыблэкӀыурэ, я нэхъ пэш лъапӀэм дыщӀыхьэн тлъэкӀынущ абы щхьэкӀэ.


Аращи, нэхъыбэ схуэмыхьыжу, фи фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ Тимофейр фи деж нэзгъэкӀуащ. ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэщӀэну и ужь ит шейтӀаным зыгуэркӀэ фыдихьэхыу, ди Ӏуэхур пщӀэншэ хъуакӀэ сышынат.


Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.


Абы зэгурыӀуэныгъэщӀэм дыхуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ къыдитащ. А зэгурыӀуэныгъэр псалъэ тхахэм ятеухуа зэгурыӀуэныгъэкъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ зэгурыӀуэныгъэщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псалъэ тхам цӀыхур егъалӀэ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къегъэпсэуж ар.


Дунейм тет дэтхэнэ лъэпкъым щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ журтхэр Ерусалим дэст.


Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.


Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум тету, Тхьэм и хъыбарыфӀыр нэсауэ фэзгъэщӀэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсхэм сахуолажьэ.


ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ мыхъумэ, къудамэм хуэдэу ар хыфӀадзэжынурэ, гъужынущ. Апхуэдэ къудамэхэр зэхуахьэсынурэ, мафӀэм пэрадзэнурэ ягъэсынущ.


Ауэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу утемыкӀыну сэ Тхьэм сыпхуелъэӀуащ. Уэ си деж къыщыбгъэзэжкӀэ, уи къуэшхэр гъэгушхуэ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,


Аращи, уафэм дэкӀуеижауэ, Тхьэм и Къуэ Хьисэ дин пашэшхуэу диӀэщи, дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэм дытету щыпкъагъэкӀэ дривгъакӀуэ.


Фэ фи лъабжьэхэр Мэссихь тефщӀыхь, фи гъащӀэри абы тевгъэт. ЗэрывэдгъэщӀам хуэдэу, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ быдэ фиӀэурэ, щӀыхь хуэфщӀ зэпымыууэ.


Гъуэгу захуэм хъарзынэу фрикӀуэрт. Щыпкъагъэм фримыгъэдаӀуэу, хэт фэ къыфпэрыуар?


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ.


Мэссихь езым и Псэ ЛъапӀэр фэ къыфхуригъэхащ, и Псэри сыт щыгъуи фи гум илъынущ икӀи зыгуэрым зыгуэр фигъэщӀэну фыхуэныкъуэкъым, Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэхугъуэ псоми ятеухуахэр фегъащӀэри. Абы щыпкъагъэ иӀэщ икӀи пцӀы хэлъкъым. Мэссихь зэрывигъэщӀам хуэдэу, езыр фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.


ФӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фыкъехъумэ, фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлар дунейм иужьрей махуэхэм нахуэ къэхъун щхьэкӀэ.


Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытауэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэу дызыщыгугъыурэ дызыпэплъэр ӀыхьэфӀу къытлъигъэсын щхьэкӀэщ.


Аращ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну икӀи апостол сыхъуну Тхьэм сыщӀигъэувар: фӀэщхъуныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ я хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсыну арщ – пэжыр къыжызоӀэ, пцӀы лъэпкъ хэмылъу.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу си Ӏуэхур злэжыну лъэкӀыныгъэ къызэзытам фӀыщӀэ хузощӀ. Абы дзыхь къысхуищӀу, мы Ӏуэхур си пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ фӀыщӀэ хузощӀ.


Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэу фӀыуэ дызылъэгъуауэ, зи нэфӀ щыхуэныгъэмкӀэ сыт щыгъуи дызыгъэгушхуэм фӀыгъуэм дыщегъэгугъ. Абырэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ, сыт хуэдэ фӀыгъуэри вгъэзэщӀэн икӀи къыжыфӀэн щхьэкӀэ, фрырагъэгушхуэ, фигури ирырагъэбыдэ.


Ауэ дэ махуэм и быну дыщытщи, зышыӀэныгъэ зидвгъэгъэӀэ. ФӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ афэ джанэм хуэдэу зыщыфтӀагъэ, икӀи Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыным дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэр тажым хуэдэу дывгъэӀэт.


Езы Мэссихьыращ пкъым къару езыгъэгъуэтри, пкъыр зэзыпхыурэ пкъы псори зэхэзыгъэувэри, зэщӀэзыубыдэри. Апхуэдэу пкъым щыщ дэтхэнэ пкъыгъуэри зэрылэжьэн хуейм хуэдэу щылажьэкӀэ, пкъым хохъуэ, фӀылъагъуныгъэкӀи къару нэхъ егъуэт.


Зиусхьэн Хьисэщ унэ псори зэтезыгъэувэр, езыр а унэм зэрисым щхьэкӀэ, Тхьэм и унэшхуэ лъапӀэ хъуну зеӀэт.


Дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дызэрилъытэнум дыщогугъэ. Апхуэдэу зэрыхъунум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми дыщегъэгугъ.


Фэр щхьэкӀэ согузавэ, сэ гугъу пщӀэнщэу зывдезмыгъэхьауэ пӀэрэ фэ?


Ахэр Мэссихь хуэлажьэрэ? Абыхэм нэхърэ нэхъыбэу сыхуолажьэ – акъыл зимыӀэм хуэдэу сопсалъэ. Абыхэм нэхърэ нэхъыбэрэ сылэжьащ, нэхъыбэри лъэхъуэщым сисащ, цӀыхухэр нэхъыбэри щӀопщкӀэ къызэуащ, ажалым и гъунэгъу нэхъыбэри сыхъуащ.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


Паул хэт щыщ? Аполлос хэт щыщ? ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ зыщӀа, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхуу дыщыта къудейщ, Зиусхьэным дэ тщыщ дэтхэнэми и пщэм къызэрыдилъхьа Ӏуэхум хуэдэу.


Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ.


Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


«Ауэ иджы къэтэджи, къызэфӀэувэж. Си ӀуэхутхьэбзащӀэ ухъуну, плъэгъуамрэ уэзгъэлъагъунумрэ щыхьэт уатехъуэну узгъэуващ икӀи зыкъозгъэлъэгъуащ.


Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.


Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.


– ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цӀэм нэмыщӀ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щӀагъым щӀэт цӀыхухэм иритауэ зыри щыӀэкъым.


Ари дэ тщыщу щытащ, мы Ӏуэхуми ди гъусэу ирилэжьащ.


Ар зыхуэдэр щӀыр куууэ къэзытӀу, унэ лъабжьэр мывэ быдэм тезыщӀыхьа ухуакӀуэрщ. Псышхуэр къыщиум, толъкъунхэр а унэм жьэхэуащ, ауэ а унэр быдэу ящӀати, ягъэхъеин ялъэкӀакъым.


Я нэпсхэр къыщӀэжурэ жылэ зысэхэм Ӏурехыж гуфӀэгъуэм хэту.


Аращи, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэри, Тхьэм мы Ӏуэхур ди пщэм къыдилъхьащи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым.


– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.


ЗэрыжыфӀэмкӀэ сэ, Паул, фи пащхьэм сит щыхъукӀэ, сошынэ, ауэ сыфпэжыжьэ щыхъукӀэ, согушхуэ – сэ Мэссихь и гущабагъэрэ и ӀэсагъэкӀэ сыныволъэӀу.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ