ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр22 Ау иджы лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа пкъы иӀауэ, Мэссихь зэрылӀамкӀэ Тхьэм езым фызригъэкӀужащ. Ар щӀищӀар фигухэр къабзэу, къуаншагъэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ вбгъэдэмылъу, Тхьэм езым и пащхьэм фригъэувэн щхьэкӀэщ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.