21 Тхьэм икъукӀэ фыпэмыжыжьэу фыщытащ пасэм, фигукӀэ фрибийуэ бзаджагъэхэр фщӀэуэ.
Пасэ зэманым Мэссихь фи псэм щымыщу фыпсэуащ. Израил лъэпкъым фыщымыщу, Тхьэм а лъэпкъыр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэм тещӀыхьа зэгурыӀуэныгъэхэмкӀэ Ӏыхьэ фимыӀэу хамэу фыщытащ. Гугъэ фимыӀэу, Тхьэр фымыщӀэу мы дунейм фытетащ.
Я зэхэщӀыкӀ кӀыфӀщ, я ерыщыгъэм къыхэкӀкӀи зыри къагурымыӀэу, Тхьэм цӀыхухэм къарит гъащӀэм пэжыжьэщ ахэр.
Аращи, хамэу икӀи хэхэсу фыщытыжкъым, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм фыхилъытащ, Тхьэм и унагъуэм щыщи фыхъуащ.
Ахэр бзэгузехьэщ, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятопсэлъыхь, Тхьэр жагъуэу ялъагъу, цӀыхухэм ягу зрагъабгъэ, зыщотхъуж, загъэпагэ, бзаджагъэхэр къагупсыс икӀи я адэ-анэхэм яхуэӀурыщӀэркъым.
Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ.
Унафэхэмрэ хабзэхэмрэ зэрыт Торэт хабзэр лъэныкъуэ иригъэзащ абы. Мэссихь апхуэдэу щӀищӀар, цӀыхухэр зэригъэкӀужкӀэрэ, а лъэпкъитӀыр зы лъэпкъыщӀэ игъэхъун папщӀэщ.