19 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм игъуэу илъытати, и щытыкӀэ псори и Къуэм хэлъ хъуащ.
Тхьэм и щытыкӀэ псори Мэссихь и пкъым хэлъщ.
Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ.
Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъым хуэдэщ. ДэнэкӀи щыӀэ псори нэгъэса зыщӀ Мэссихь члисэ зэхуэсым нэгъэсауэ хэлъщ.
Уасэшхуэ зиӀэ акъылыфӀагъэ псори щӀэныгъэшхуэ псори Мэссихь хэлъщ.
Аращи, яку зэхэгъэж дэмылъу, алыджри, журтри, сунэт ящӀари, сунэт ямыщӀари, хамэри, Скиф хэкум щыщри, пщылӀри, щхьэхуитри зэхуэдэщ. Мэссихь псоми я щхьэщ, ар фэ псоми фи псэм щыщщ.
Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэкӀуам Тхьэм и псалъэхэрщ жиӀэр. А цӀыхум и гум Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр кърилъхьэ зэпытщ.
А лъахъшапӀэ дыдэм къехар езы дыдэращ уафэ псоми нэхърэ нэхъ лъагэу дэкӀуеижар, къэхъугъэ псори щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу нэгъэса ищӀын щхьэкӀэ.)
Асыхьэт дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ину къигъэгуфӀэри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн, мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.
Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм езым и бынхэм хуэдэу дищтэну куэд щӀауэ иухащ, игъуэу зэрилъытамрэ и мурадымрэ тету.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ зэриухам тету, мы дунейм и цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэмкӀэ Тхьэр зыхуэдэр ящӀакъым, ауэ дэ цӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀу абыхэм делагъэу къафӀэщӀымкӀэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къригъэлыну Тхьэм игъуэу илъытащ.