Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 А псори щыщымыӀам, Къуэ лъапӀэр щыӀащ. Аращ псори зэщӀэзубыдэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:17
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


дэ зы Тхьэ закъуэщ диӀэр, ар Адэ лъапӀэр арщ. Псори къэзыгъэщӀар езыр арщ, езым щхьэкӀэ дэри дыпсэущ. Зы Зиусхьэн закъуэщ диӀэр, ар Хьисэ Мэссихьщ. Тхьэм абы щыӀэ псори къригъэгъэщӀащ, абы гъащӀэ къыдет.


«Езыращ дызыгъэпсэури, дызезыгъакӀуэри, дыщызыгъэӀэри», зыгуэрым зэрыжиӀам хуэдэу. «Дэри дрибынщ», фэ фи тхакӀуэхэм ящыщ зыкъомым зэрыжаӀам хуэдэу.


Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкӀэ уи деж сэ щызиӀа щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэр уи деж щызиӀэ щӀы.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, Ибрэхьим къэхъун и пэкӀэ сэ сыщыӀэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну щыӀауэ, щыӀэу икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм къыжеӀэ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ».


Мэссихь цӀыхухэм ямылъагъу Тхьэм и теплъэр иӀэщ. Аращ Тхьэм къигъэщӀа псоми я щыгум итэу, и КъуэкӀэ зэджэр.


Абы и псэупӀэр Щалем щигъэуващ, и унэр – Цион Ӏуащхьэм.


Ар щыслъагъум, лӀам хуэдэу, и пащхьэм сиджэлащ. И Ӏэ ижьыр къыстрилъхьэри къызжиӀащ абы итӀанэ: «Умышынэ, япэрейри иужьрейри сэращ.


Хьисэ Мэссихь дыгъуасэ зэрыщытам хуэдэу, зызэримыхъуэкӀауэ ноби щытщ, игъащӀэкӀи щытынущ.


Смирнэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Япэрейуэ икӀи Иужьрейуэ, лӀэуэ къэхъужам мы псалъэхэр жеӀэ:


Плъагъур тхылъым итхи, члисэ зэхуэсиблым яхуегъэхь: Ефес, Смирнэ, Пергам, Фиатирэ, Сардис, Филаделфие, Лаодикие къалэхэм щыӀэ члисэ зэхуэсхэм».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ