ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр14 Езым и Къуэращ лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр къэзыщэхужар, ди гуэныхьхэри къытхуэзыгъэгъуар. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.
Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».