Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:13
40 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу,


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэбэныр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхухэр аркъым, атӀэ жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэрщ, тепщэныгъэ зиӀэхэрщ, мы дуней кӀыфым и пашэшхуэ жин бзаджэхэрщ, уафэми щыӀэ жин бзаджэхэрщ.


Тхьэуэ зи Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну, зи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуезыджам фыхуэфащэу фыпсэуну къывгурыдгъэӀуащ, фыдгъэгушхуащ икӀи дывэлъэӀуащ.


Я зэхэщӀыкӀ кӀыфӀщ, я ерыщыгъэм къыхэкӀкӀи зыри къагурымыӀэу, Тхьэм цӀыхухэм къарит гъащӀэм пэжыжьэщ ахэр.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэр зытеухуар шхэнымрэ ефэнымрэкъым, атӀэ щыпкъагъэ, гузэгъэгъуэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ гуфӀэгъуэр аращ.


Ди къуэшхэр фӀыуэ зэрытлъагъум щхьэкӀэ лӀэныгъэм дыӀэщӀэкӀыу гъащӀэм дызэрыхыхьар дощӀэ. Зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ.


Апхуэдэу щыт пэтми, унафэу ныфхуэстхыр унафэщӀэщ; а унафэм и пэжыгъэр Мэссихь къыфхуигъэлъэгъуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀыфӀыгъэр мэкӀуэдыжри, нэху пэжыр къолъагъуэ.


апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ.


– Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным Ӏэмал зэриӀэкӀэ и ужь фит, – жэуап яритыжащ Хьисэ абыхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, цӀыху куэд куэбжэмкӀэ дыхьэну и ужь итынущ, ауэ яхузэфӀэкӀынукъым.


А бынхэр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхущ. Аращи, Хьисэи лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыху хъуащ, лӀэныгъэм тепщэныгъэ хузиӀэ шейтаныр илӀэныгъэмкӀэ игъэкӀуэдын щхьэкӀэ,


– Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.


Тхьэм и унэшхуэм сывигъусэу махуэ къэс сыщӀэтт, ауэ сывубыдакъым. Фи пӀалъэр къэсащ иджы икӀи мы сыхьэтым кӀыфӀыгъэ бзаджэм тепщэныгъэр ӀэщӀыхьащ.


Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.


– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.


Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.


Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.


Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъури, и ӀэмыщӀэ псори кърилъхьащ.


Ар гъэщӀэгъуэнкъым. Езы шейтӀаным нэхум и мелыӀыч хуэдэу зегъэӀу.


Мы Ӏуэхур зэвгъащӀэ: Зинэ зыщӀэ цӀыхум, е зи гур мыкъабзэм, е нэпсейм – апхуэдэ цӀыхум тхьэ нэпцӀ егъэлъапӀэ, – апхуэдэм Мэссихьрэ Тхьэмрэ я тепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къылъысынукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ