9 Щаул махуищкӀэ зыри имылъагъужу щытащ, а зэманым къриубыдэу зыри ишхакъым, ирифакъым.
Щаул къэтэджри, и нэхэр къызэтрихыжащ, ауэ абыхэм зыри ялъагъужыртэкъым. Арати, Щаул и Ӏэр яӀыгъыу Дамаск дашащ.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ящыщу Ананий зи цӀэ гуэр Дамаск дэст. Зиусхьэныр абы къыхуэхутэри къеджащ: – Ананий! – Сэращ, Зиусхьэн, – иритыжащ жэуап Ананий.