Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол. 8:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 А къалэм Симон зи цӀэ гуэр дэст. Зэман зыкъомкӀэ удыгъэм хэтауэ, цӀыхушхуэу закъыфӀигъэщӀурэ, Самарие дэсхэр ихьэхуат абы.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол. 8:9
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ХытӀыгум и кӀыхьагъкӀэ ирикӀуэри, Паф къалэм щынэсым, удыгъэ Ӏуэхум хэт журт бегъымбар нэпцӀ гуэрым ӀущӀащ. Абы и цӀэр Варисуст.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Февдэ и цӀэу лӀы гуэр зэрыпсэурэ куэд щӀакъым. Абы цӀыху ин гуэру закъыфӀигъэщӀурэ, лӀы щиплӀ хуэдизи гъусэ къыхуэхъуащ, арщхьэкӀэ ар яукӀащ, и гъусэхэри зэбгрыкӀыжри кӀуэдыжащ.


Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэм езым и щхьэм и фейдэщ къилъыхъуэр, ауэ ар къэзыгъэкӀуам и щӀыхьыр иӀэтыну и ужь итыр щыпкъэгъэ зыхэлъ цӀыхущ, абы мыпэж лъэпкъ хэлъкъым.


УдыгъэкӀэ зэрыдихьэхрэ куэд щӀати, абы ахэр ягуапэу едаӀуэрт.


Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.


Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэ яӀэжынукъым;


А цӀыхур тхьэуэ жыхуаӀэхэми цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэху псоми япэувынущ, а псоми нэхърэ нэхъ ину зилъытэжынущ. Тхьэм и унэшхуэми щӀэтӀысхьэнурэ, «Сэ сы-Тхьэщ», жиӀэнущ.


Ауэ удыгъэ Ӏуэхум хэт Елимэ зи цӀэр (Елимэм къикӀыр «Удыгъэ Ӏуэхум хэтырщ»), Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу тримыгъэхьэным и ужь иту, Варнавэрэ Щаулрэ япэувырт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ