Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол. 8:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ цӀыхухэм Стефан щӀалъхьэжри, хьэдагъэшхуэ хуащӀащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол. 8:2
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Езыми и унагъуэ псоми Тхьэр ягъэлъапӀэрт, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр я гум илът. Журтхэм я тхьэмыщкӀэхэм псапэ тыхь куэд яритырт, Тхьэм елъэӀу зэпытт.


Дунейм тет дэтхэнэ лъэпкъым щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ журтхэр Ерусалим дэст.


СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы.


ИтӀанэ щылӀащ Сарэ Кириат-Арбэ, иджы ХэвронкӀэ зэджэм, Ханаан щӀыналъэм щыӀэм. Арати, къэкӀуащ Ибрэхьим Сарэ папщӀэ пыхьэну, ар игъеину.


Стефан зэраукӀар Щаул фӀэзахуэщ. Члисэ зэхуэсым щыщу Ерусалим дэсхэр хуабжьу къызэрахуэкӀыу щӀадзащ цӀыхухэм а махуэ дыдэм. Апостолхэм нэмыщӀ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкӀащ.


Щаул члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкӀуэдыну хэтт. Зы унэм щӀэкӀмэ, адрей унэм щӀыхьэурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухъухэри цӀыхубзхэри езым и цӀыхухэм лъэщыгъэкӀэ иригъэубыдурэ лъэхъуэщым щӀригъадзэрт.


Абыхэм ядежьащ шыгухэри шухэри, абы къыхэкӀкӀэ гупыр икъукӀэ инт.


Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм къэхъуар щызэхахым, къакӀуэщ, Иуан и хьэдэр яхьыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ