9 – Ауэ ди адэшхуэхэр я къуэш Исуф ефыгъуэрти, Мысырым пщылӀу яшэну лӀы гупым иращащ. Тхьэр Исуф и гъусэти,
Исуф Зиусхьэным щӀыгъути, абы и Ӏуэхухэр къехъулӀэрт. Щыпсэурт ар и зиусхьэным, мысыр цӀыхум, и унэм.
щӀыр зэгуэкӀри, Датан дэхуащ, Абирам и гупыр абы щӀихъумащ.
ЯжриӀащ Исуф и къуэшхэм: – Фыкъызбгъэдыхьэ. Ахэр къыбгъэдыхьащ. – Сэ сы-Исуфщ, – жиӀащ абы, – Мысырым кӀуэхэм фэ ефщауэ щыта фи къуэшырщ.
Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ.
Абы ар езым и унэми, иӀэ псоми я тет щищӀа зэманым къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэным и нэфӀ щигъэхуащ мысыр цӀыхум и унэм, Исуф и хьэтыркӀэ; Зиусхьэным и нэфӀ тетт иджы абы и унэми губгъуэми щиӀэ псоми.
ФӀылъагъуныгъэм шыӀэрэ гущӀэгъурэ иӀэщ. ФӀылъагъуныгъэр фыгъуэркъым, зыщытхъужыркъым икӀи зыкъыфӀэщӀыжыркъым.