3 Тхьэм мыпхуэдэу къыжриӀащ: «Уэ уи къэралми уи благъэхэми яхэкӀи, сэ пхуэзгъэлъэгъуэну къэралым кӀуэ!»
Зиусхьэным жриӀащ Ибрам: – ИкӀ уи щӀыналъэм, яхэкӀ уи лъэпкъэгъухэм, уи адэм и унэр къэбгыни, кӀуэ Сэ уэзгъэлъагъуну щӀыналъэм.
Ибрэхьим и ӀыхьэфӀ хъуну къэралым кӀуэну Тхьэм къыщыхуриджам, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм едаӀуэри, здэкӀуэнур имыщӀэу щыта пэтми, итӀани гъуэгу техьащ.
– Мы щӀыналъэр ууей хъун папщӀэ, Халдей щыӀэ Ур къалэм укъыдэзыша Зиусхьэныр Сэращ, – къыжриӀащ Зиусхьэным абы.
Аращи, къыжеӀэ Зиусхьэным, абыхэм фахэкӀи, лъэныкъуэкӀэ фыув. Мыкъабзэм фемыӀусэ, сэ фэ фыздэнущ абы щыгъуэ.
Абы ещхьу, фэ фщыщу, хэтуи щрети, иӀэ псори ӀэщӀыб зымыщӀым си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.
– Ар хэтуи щрет, сэ фӀыуэ сызэрилъагъум нэхърэ и адэр е и анэр нэхъыфӀу зылъагъур сэ къысхуэфащэкъым. Сэ сыкъы-зэрилъагъум нэхърэ и къуэр е и пхъур нэхъыфӀу зылъагъур, ар хэт щыщми, сэ къысхуэфащэкъым.
Арати, Ибрэхьим Халдей хэкум икӀщ, Харан къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ. И адэр лӀа нэужь, фэ фызэрыс мы къэралым Тхьэм къигъэкӀуащ.
Си адэм и унэм сыкъыщӀишу Тхьэм сыщришэжьам щыгъуэ сэ абы жесӀащ: «МыбыкӀэ си хьэтыр къэлъагъуи, сыт хуэдэ щӀыпӀэ дыкӀуэми, дэнэ дежи щыжыӀэ сэр щхьэкӀэ: „Мыр си дэлъхущ“ жыӀи».