3 Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа?
ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.
– Сыт Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр вгъэунэхуну фыщӀызэгурыӀуар? – жриӀащ Петр абы. – Мис, уэ уи щхьэгъусэм и хьэдэр щӀэзылъхьэжахэр къыщӀохьэ, уэ уи хьэдэри щӀахынущ.
Иудэ а щӀакхъуэ бзыгъэр щищтэм, шейтӀаныр абы игу ихьащ. – ПщӀэну уигу илъыр щӀэхыу щӀэ, – жриӀащ Хьисэ абы.
Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.
Аращи, Тхьэм фыхуэӀурыщӀэ. ШейтӀаным фыпэуви, ар фи пащхьэм икӀынурэ щӀэпхъуэжынущ.
ЩӀыр пщэн и пэкӀэ ууейуэ щытакъэ? Пща нэужь, ахъшэм узыхуейр епщӀэну ухуиттэкъэ? Мыпхуэдэу пщӀэну уи гум къихьэнкӀэ щхьэ хъуа? ПцӀы зыхуэбупсар цӀыхухэракъым, Тхьэращ.
Фызым къыдищӀэу, Ананий мылъкум къыщӀаха уасэм и щхьэм папщӀэ зы тӀэкӀу къыхихщ, къэнар ихьри, апостолхэм я пащхьэм ирилъхьащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу ИскариоткӀэ зэджэ Иудэм и гур шейтӀаным иубыдащ.
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.