2 Фызым къыдищӀэу, Ананий мылъкум къыщӀаха уасэм и щхьэм папщӀэ зы тӀэкӀу къыхихщ, къэнар ихьри, апостолхэм я пащхьэм ирилъхьащ.
Абы иӀа щӀыгур ищэщ, ахъшэр къихьри, апостолхэм я пащхьэм кърилъхьащ.
Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа?
Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.
– Абыхэм я ӀуэхуфӀ псори цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэщ щӀащӀэр. Абыхэм я нэмэз пхъуантэ цӀыкӀуэхэр нэхъ ин, я фащэ кӀыхьхэм я къуакӀэр нэхъ кӀыхь ящӀ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ.
Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу.
ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зэгъусэт, яӀэу хъуари я зэхуэдэт.
Ананий и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Абырэ и щхьэгъусэ Сапфирэрэ я мылъкум щыщ ящащ.
– КъызжеӀэ, – жриӀащ Петр абы, – щӀыр мыпхуэдиз ахъшэкӀэ фща? – Пэжщ, апхуэдиз ахъшэщ зэрытщар, – жиӀащ цӀыхубзым.