9 Зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀым фӀыуэ хуэтщӀам фыхэплъэурэ, «Ар дауэ хъужынкӀэ хъуа?» жыфӀэу нобэ фыкъыщыдэупщӀкӀэ,
Петр а лӀым и Ӏэ ижьыр иубыдри къызэфӀигъэуващ. ЛӀым и лъакъуэхэми къупщхьэ зэрытыпӀэхэми къару къахыхьэжащ а напӀэзыпӀэм.
Ауэ Хьисэ яжриӀащ: – Си Адэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху телъыджэ Ӏэджэ фэзгъэлъэгъуащ. МывэкӀэ фыкъызэуэурэ абыхэм ящыщу дэтхэнэра сыщӀэвукӀынур?
Мэссихь и цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ цӀыхухэр къыфхуэхъущӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу щӀыхьышхуэ зиӀэр фи гъусэщи.
Иджы, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит унафэу сунэт щӀыным теухуам фемыбэкъуэн щхьэкӀэ, цӀыхур щэбэт махуэми сунэт фщӀыну фыхуиту фобж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, цӀыху гуэр щэбэт махуэм зэрызгъэхъужам щхьэкӀэ сыт фыкъыщӀысхуэгубжьыр?
Ауэ абы теухуауэ кесарым хуэстхын хъыбар згъэува сиӀэкъым. Абы къыхэкӀкӀэ, фэ псоми, псом хуэмыдэжу, уэ, Агриппэ пащтыхь, фи пащхьэм кърезгъэшащ, деупщӀа нэужь, стхынур сщӀэн щхьэкӀэ;