Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол. 4:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Петррэ Иуанрэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр ирагъащӀэурэ, Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу, лӀахэр къызэрытэджыжынур хуаӀуатэрти.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол. 4:2
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Епикурейхэмрэ стоикхэмрэ ящыщ философ гуп Паул къедауэу щӀадзащ. – Мы щхьэгъавэм сыт жиӀэну зыхуейр? – жаӀащ зыкъомым. – Мы лӀым тхьэ хамэхэм я хъыбар къиӀуатэ хуэдэщ, – жаӀащ адрейхэм. Апхуэдэу щӀыжаӀар Паул Хьисэрэ лӀахэр къызэрытэджыжынумрэ теухуа хъыбархэр цӀыхухэм яхуиӀуатэу зэрыщытарщ.


Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.


Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ.


Ауэ а Ӏуэхур къызэрыхъунур хэти щичэзум дежщ: лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар Мэссихьщ. Абы дунейм къыщигъэзэжкӀэ, и цӀыхухэр къэтэджыжынущ.


Мэссихь* гугъуехь ишэчын хуейуэ зэрыщытар икӀи псом япэ езыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ, езым и лъэпкъымрэ хамэ лъэпкъхэмрэ нэхур иджы къазэрыхуэлъагъуэм и хъыбар яхуиӀуэтэну зэрыщытарщ сызытепсэлъыхьар.


Тхьэм лӀахэр къызэригъэтэджыжынур къэмыхъун Ӏуэхуу щӀэфлъытэр сыт?


«ЛӀахэр къызэрытэджыжынумкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэ нобэ хеящӀэм и пащхьэм сифшащ», жысӀэу, мы цӀыхухэм сахэту макъышхуэкӀэ къызэрыжысӀарауэ къыщӀэкӀынщ сызэрагъэкъуаншэр.


Зиусхьэным и гъуэгум щхьэкӀэ зэрыхьзэрий ин къэхъуащ а махуэхэм;


Дин пашэшхуэми дин пашэшхуэм и гъусэ псоми я гум фыгъуэр къихьащ итӀанэ. Дин пашэшхуэм и гъусэхэр динырылажьэ саддукей гупкӀэ зэджэм ящыщт.


ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ