Апостол. 2:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр4 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
нэгъуэщӀ цӀыхуми Ӏуэху телъыджэхэр илэжьыну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхум и гум Тхьэм езым и псалъэхэр кърилъхьэурэ, ахэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху гуэр къыбгъэдэкӀрэ къыбгъэдэмыкӀрэ зэхищӀыкӀыну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми имыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми а бзэхэр зэридзэкӀыну лъэкӀыныгъэ кърет.
Фэ псори фымыщӀэ бзэхэмкӀэ фыпсэлъэну сыхуейщ, ауэ абы нэхърэ Тхьэм езым и псалъэхэр фи гум кърилъхьэурэ, ахэр къызэрыжыфӀэным и лъэкӀыныгъэ фиӀэну нэхъ сыхуейщ. Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэр имыщӀэ бзэкӀэ къэпсалъэм нэхърэ нэхъ инщ, а бзэр зыгуэрым зэримыдзэкӀмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын щхьэкӀэ.