Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол. 1:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм шэч хэмылъу къазэрыхэтэджыкӀыжар куэдрэ яхуигъэпэжу, Хьисэ абыхэм закъригъэлъэгъуащ. Апостолхэм куэдрэ закъригъэлъагъурт махуэ плӀыщӀым къриубыдэу икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэм яхутепсэлъыхьырт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол. 1:3
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ и гъусэу Галилей хэкум къикӀыу Ерусалим къэкӀуэгъахэм махуэ куэдкӀэ закъригъэлъагъуурэ екӀуэкӀащ итӀанэ. Ахэращ дэ ди лъэпкъым и пащхьэм Хьисэ щыхьэт щыхуэхъур иджы.


Махуий дэкӀа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр аргуэру унэм щызэрихьэлӀащ, Фоми я гъусэу. Бжэхэр къагъэбыдэжа пэтми, Хьисэ къакӀуэщ, я пащхьэ къиувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!


ЩӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ щыӀауэ, дэ зэхэтхауэ, ди нэкӀи тлъэгъуауэ, дызэплъауэ, ди ӀэхэмкӀэ дызытеӀэбар цӀыхухэм гъащӀэ езыт Псалъэр арщ, аращ зи хъыбар къэтӀуатэр.


Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм абдеж ещанэрейуэ закъригъэлъэгъуауэ арат.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм Тивериадэ гуэлым деж аргуэру закъыщригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ. Ар зэрыхъуар мыпхуэдэущ:


И гъуэгу ирикӀуэхэм хъыбарыр хуаӀуэтэжыну а цӀыхубзхэр здэкӀуэм, Хьисэ абыхэм напӀэзыпӀэкӀэ къахуэзэри, къажриӀащ: – Фыпсэу! Ахэр Хьисэ бгъэдэлъадэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, и лъакъуэхэр яубыдащ. Хьисэ къажриӀащ:


Къыпэрыуэ лъэпкъ щымыӀэу, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыр Паул цӀыхухэм яхуиӀуатэрт, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбархэри тегушхуауэ цӀыхухэм яригъащӀэрт.


Тхьэуэ зи Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну, зи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуезыджам фыхуэфащэу фыпсэуну къывгурыдгъэӀуащ, фыдгъэгушхуащ икӀи дывэлъэӀуащ.


КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэр зытеухуар шхэнымрэ ефэнымрэкъым, атӀэ щыпкъагъэ, гузэгъэгъуэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ гуфӀэгъуэр аращ.


– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ.


Махуэ плӀыщӀрэ жэщ плӀыщӀрэ нэщӀа нэужь, Хьисэ къэмэжэлӀащ.


умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм епсэлъа нэужь, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ икӀи и ижьырабгъумкӀэ щысыну зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыфӀымрэ Хьисэ Мэссихьым и цӀэм теухуа хъыбарыфӀымрэ Филипп ахэр иригъэдаӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ щыхъум, цӀыхухъухэми цӀыхубзхэми Филипп зрагъэумэхъащ.


Паул синэгуэгум щӀыхьэри, тегушхуауэ цӀыхухэм едауэурэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр я фӀэщ ищӀу мазищкӀэ яхуиӀуэтащ.


Махуэ гуэр хахри, Паул зыщӀэс унэм цӀыху гупышхуэ къэкӀуащ. Пщэдджыжьым щыщӀэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр ягуригъаӀуэурэ, Паул а тепщэныгъэшхуэм щыхьэт хуэхъуащ. Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм я тхылъхэм итхэмрэ ящыщ къеджэурэ, Паул Хьисэ теухуауэ жиӀэхэр я фӀэщ ищӀыным хэтт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ