4 ЩӀылъэм и удзхэми, и жыгхэми, и къэкӀыгъэхэми ягъэ ирамыгъэкӀыну Тхьэм яжриӀащ. Тхьэм и мыхъурыр зи натӀэ темыгъэуа цӀыхухэм я закъуэщ я ягъэ зрагъэкӀын хуеяр.
Сыщыплъэм, Сион Ӏуащхьэм Щынэр тету слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и цӀэмрэ абы и Адэм и цӀэмрэ зи натӀэм тет цӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ и гъусэт.
Япэрей мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. Уэи, мафӀи, лъыи зэхэту щӀылъэм къехащ асыхьэту. ЩӀылъэм и Ӏыхьэ щанэр пхрисыкӀащ, жыгхэм я Ӏыхьэ щанэр илыпщӀащ, удз щхъуантӀэ псори исащ.
ПсэущхьиплӀым яку макъ гуэр къыдэӀукӀри мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: «Фалъищым илъ гуэдзыр зы махуапщӀэ мэхъу, фалъибгъум илъ хьэри зы махуапщӀэ мэхъу. Дагъэми жызумми уи ягъэ йомыгъэкӀ».
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гур хэвмыгъэщӀ. Тхьэм фи щхьэхэр щищэхужыну махуэм нэсыху, езым и Псэ ЛъапӀэр, мыхъурым хуэдэу, фи гум кърилъхьащ.
Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.
Щыгъупща Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀыну? Къытхуэгубжьауэ, и гущӀэгъу къытлъимыгъэӀэсыжыну ара?»
Абы и ужькӀэ щӀылъэм и къуапиплӀым мелыӀычиплӀ тету слъэгъуащ. Жьыр щӀыми хыми къыщемыпщэн, жыгми къемыуэн щхьэкӀэ, щӀылъэм и къуапиплӀым къикӀ жьыбгъэхэм пэувырт ахэр.