Апокалипсис 9:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр1 Етхуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм къикӀыу, щӀылъэм къехыгъа вагъуэр слъэгъуащ асыхьэту. ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и щӀыхьэпӀэм и ӀункӀыбзэр мелыӀыч гуэрым а вагъуэм иритащ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Хьэщхьэвылъэу плъэгъуар щыӀащ, ауэ иджы щыӀэжкъым. Ар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀынущ, кӀуэдыпӀэм кӀуэн щхьэкӀэ. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъ щыӀэщ. ЩӀылъэм тет цӀыхуу зи цӀэхэр а тхылъым имытхэм а хьэщхьэвылъэр щалъагъукӀэ, ягъэщӀэгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэщхьэвылъэр щыӀащ, иджы щыӀэжкъым, ауэ къэлъэгъуэжынущ.