Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 8:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Хым хэс псэущхьэхэм я Ӏыхьэ щанэр лӀащ, кхъухьхэм я Ӏыхьэ щанэри хым щӀилъэфащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 8:9
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЕтӀуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хым хикӀащ. Хыр цӀыху лӀам и лъым хуэдэ лъы хъури, псэ зыпыту хым хэс псори лӀащ асыхьэтым.


Япэрей мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. Уэи, мафӀи, лъыи зэхэту щӀылъэм къехащ асыхьэту. ЩӀылъэм и Ӏыхьэ щанэр пхрисыкӀащ, жыгхэм я Ӏыхьэ щанэр илыпщӀащ, удз щхъуантӀэ псори исащ.


ЕплӀанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. Дыгъэм и Ӏыхьэ щанэри, мазэм и Ӏыхьэ щанэри, вагъуэхэми я Ӏыхьэ щанэри ункӀыфӀащ асыхьэту. Абыхэм я нэхум и Ӏыхьэ щанэри кӀыфӀ хъуащ. Махуэм и Ӏыхьэ щанэмрэ жэщым и Ӏыхьэ щанэмрэ нэху хъуакъым.


Ещанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэ пхъэдзакӀэм хуэдэу, вагъуэшхуэ гуэр мафӀэ щӀэнауэ уафэм къехуэхри, псышхуэхэмрэ псынащхьэхэмрэ я Ӏыхьэ щанэм къыхэхуащ асыхьэту.


Я беигъэм щогугъ ахэр, мылъкушхуэ яӀэм зыщегъэтхъуж!


Игъэува сыхьэтымрэ махуэмрэ, мазэмрэ илъэсымрэ цӀыху псоми я Ӏыхьэ щанэр ягъэлӀэну Тхьэм хьэзыру щигъэта мелыӀычиплӀыр яутӀыпщыжащ.


МафӀэ, Ӏугъуэ, тхъуэбзащхъуэ гугъуехьышхуищу а шыхэм я жьэхэм къажьэдэкӀыу щытам цӀыху псоми я Ӏыхьэ щанэр ягъэлӀащ.


Вагъуэхэм я Ӏыхьэ щанэр и кӀэмкӀэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щӀылъэм къридзыхащ. Сабий пэплъэ цӀыхубзым и пащхьэм благъуэжьыр къиуващ, сабийр къызэрилъхуу иригъэлъэтэхын щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ