8 ЕтӀуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэр зыщӀэна бгышхуэм хуэдэу, зыгуэр хым хэхуащ асыхьэту. Хым и Ӏыхьэ щанэр лъы хъуащ.
Пэжыр нывжызоӀэ, зыгуэрым и гум шэч къримыгъыхьэу, жиӀэр къэхъункӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэу, мы Ӏуащхьэм «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жриӀэмэ, ар къехъулӀэнущ.
Япэрей мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. Уэи, мафӀи, лъыи зэхэту щӀылъэм къехащ асыхьэту. ЩӀылъэм и Ӏыхьэ щанэр пхрисыкӀащ, жыгхэм я Ӏыхьэ щанэр илыпщӀащ, удз щхъуантӀэ псори исащ.
А щыхьэтитӀым уафэр ягъэбыдэжыну тепщэныгъэ яӀэщ, Тхьэм абыхэм я гум кърилъхьа псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэ махуэхэм уэшх къемышхын щхьэкӀэ; псыр лъы ягъэхъун щхьэкӀэ псыхэми тепщэныгъэ хуаӀэщ икӀи щӀылъэм сыт хуэдэ гугъуехь ирагъэшэчыну дапщэщ хуейми яхузэфӀэкӀынущ.
Игъэува сыхьэтымрэ махуэмрэ, мазэмрэ илъэсымрэ цӀыху псоми я Ӏыхьэ щанэр ягъэлӀэну Тхьэм хьэзыру щигъэта мелыӀычиплӀыр яутӀыпщыжащ.
МафӀэ, Ӏугъуэ, тхъуэбзащхъуэ гугъуехьышхуищу а шыхэм я жьэхэм къажьэдэкӀыу щытам цӀыху псоми я Ӏыхьэ щанэр ягъэлӀащ.
Вагъуэхэм я Ӏыхьэ щанэр и кӀэмкӀэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щӀылъэм къридзыхащ. Сабий пэплъэ цӀыхубзым и пащхьэм благъуэжьыр къиуващ, сабийр къызэрилъхуу иригъэлъэтэхын щхьэкӀэ.