Апокалипсис 8:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр3 НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр мэ ӀэфӀ зыпих удзхэм щхьэкӀэ дыщэм къыхэщӀыкӀа удз гъэсылъэ иӀыгъыу къакӀуэри, къурмэнщӀыпӀэм и пащхьэм къиуващ. НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэрым мэ ӀэфӀ зыпих удз куэд а мелыӀычым къритащ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀуу тахътэм и пащхьэм щыт къурмэнщӀыпӀэм телъхэм яхигъэхъуэн щхьэкӀэ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Мэ ӀэфӀ къызыпих удзхэм я гъэсыпӀэу дыщэм къыхэщӀыкӀар а пэшым щӀэтащ. Абы нэмыщӀ, дэнэкӀи дыщэпс зытегъэлъэда пхъуантэу Тхьэм езымрэ цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэм и пхъуантэу жыхуаӀэр а пэшым щӀэтащ. Дыщэм къыхэщӀыкӀа фалъэу мэнн зи цӀэ шхыныгъуэр зэрылъыр, Хьарун и башу тхьэмпэхэр къызыпыкӀар, Тхьэм и унафэхэр зэрыт мывэ пхъэбгъуитӀыр а пхъуантэм дэлъащ.