Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 8:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Тхьэм и пащхьэм ит мелыӀычиблыр слъэгъуащ итӀанэ. МелыӀыч гуэрым бжьамиишхуибл абыхэм яритащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 8:2
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».


– Тхьэм и пащхьэм ит ДжэбрэӀил мелыӀычыр сэращ, – къыжриӀащ мелыӀычым. – Мы хъыбарыфӀыр ныбжесӀэн щхьэкӀэ, сынопсэлъэну Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.


Бжьамиишхуиблыр зыӀыгъ мелыӀычиблым абыхэм епщэну загъэхьэзыращ итӀанэ.


– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.


Макъышхуэ гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэӀукӀыурэ мелыӀычиблым къажриӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФыкӀуи, Тхьэм и губжьу фалъиблым итыр щӀылъэм тефкӀэ».


Абы и ужькӀэ нэгъуэщӀ нэщэнэ ин икӀи гъэщӀэгъуэныщэ уафэм щыслъэгъуащ: МелыӀычиблым иужьрей гугъуехьышхуиблыр къахьырт. Тхьэм и губжьыр уха мэхъу абыхэмкӀэ.


Бжьамиишхуэм и макъ жаныр къэӀунущ итӀанэ икӀи ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дуней лъэныкъуиплӀкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.


Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.


ауэ занщӀэу, напӀэзыпӀэм, дунейм и кӀэухым деж бжьамиишхуэм и макъыр къыщыӀукӀэ, Тхьэм дэ псори дызэрихъуэкӀынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бжьамиишхуэм и макъыр къэӀунущ, лӀахэри мыкӀуэдыжыну къэтэджыжынущ, Тхьэми дызэрихъуэкӀынущ.


Тхьэм и унафэр хъууэ, япэрей мелыӀычым и макърэ Тхьэм и бжьамиишхуэм и макърэ къэӀумэ, езы Зиусхьэныр уафэм къехыжынущ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр япэ къэтэджыжынущ абы щыгъуэ.


Сэ сы-Иуанщ. Фэ, Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсиблым, фӀэхъус фызох. ЩыӀауэ, щыӀэу икӀи къэкӀуэну махуэхэм щыӀэну Тхьэм къыбгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм и тахътэм и пащхьэм ит и псиблми Хьисэ Мэссихьи къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Сыщыплъэм, уафэгум щызелъатэ мелыӀычыр макъышхуэкӀэ къаджэу зэхэсхащ итӀанэ: – Къэна мелыӀычищыр я бжьамиишхуэхэм къыщепщэкӀэ, щӀылъэм тетхэр гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ.


Етхуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм къикӀыу, щӀылъэм къехыгъа вагъуэр слъэгъуащ асыхьэту. ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и щӀыхьэпӀэм и ӀункӀыбзэр мелыӀыч гуэрым а вагъуэм иритащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ